дэщӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(дещӀэ)
Зыгуэрым и гъусэу лэжьыгъэ, Ӏуэхугъуэ гуэр щӀэн.
руделать что-л. вместе с кем-л.
Хъыджэбзым и анэм Ӏуэху дещӀэ.
(дещӀэ)
1. Зыгуэрым и гъусэу зыгуэрым щыгъуазэу щытын.
рузнать вместе с кем-л. что-л.
2. Зыгуэрым щхьэкӀэ зыгуэрым щыгъуэзэн.
рузнать о ком-л. что-л.
ЩӀалэм и гъусэм куэд дищӀэрт.
(дощӀэ)
Зэхуаку гуэрым зыгуэр щебэн.
рунакрениться куда-л. (напр. в яму, канаву)
ЩӀалэр кӀэнауэм дэщӀэри и лъакъуэр игъэузащ.
(дещӀэ)
Зэхуаку, къэщӀыхьа хуэдэхэм зыгуэр щыхэсэн, дэсэн.
рупосадить что-л. где-л., между чем-л. (об огородных культурах)
Жыг зэхуакухэм къэбыстэ дэщӀэн. КъуакӀэм нартыху дэщӀэн.
Kitapta geçtiği hali
дэщӀэн I (дещӀэ) перех. гл. делать что-л. вместе с кем-л. / Зыгуэрым и гъусэу лэжьыгъэ, Ӏуэхугъуэ гуэр щӀэн. Хъыджэбзым и анэм Ӏуэху дещӀэ. II(дещӀэ) перех. гл. 1. знать вместе с кем-л. что-л. / Зыгуэрым и гъусэу зыгуэрым щыгъуазэу щытын. 2. знать о ком-л. что-л. / Зыгуэрым щхьэкӀэ зыгуэрым щыгъуэзэн. ЩӀалэм и гъусэм куэд дищӀэрт. III (дощӀэ) неперех. гл. накрениться куда-л. (напр. в яму, канаву) / Зэхуаку гуэрым зыгуэр щебэн. ЩӀалэр кӀэнауэм дэщӀэри и лъакъуэр игъэузащ. IV (дещӀэ) перех. гл. посадить что-л. где-л., между чем-л. (об огородных культурах) / Зэхуаку, къэщӀыхьа хуэдэхэм зыгуэр щыхэсэн, дэсэн. Жыг зэхуакухэм къэбыстэ дэщӀэн. КъуакӀэм нартыху дэщӀэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(дещӀэ)
Зыгуэрым и гъусэу лэжьыгъэ, Ӏуэхугъуэ гуэр щӀэн. –14.
И псэлъэкӀэмкӀэ гурыӀуэгъуэт зэрыщӀегъуэжар, пэжыр жыпӀэмэ, сэри сщӀэрт сымаджэ хьэлъэм наркоз ептыныр зэрышынагъуэр, арщхьэкӀэ Ӏэмалыншэти, Варварэ Романовнэ фӀэфӀ-фӀэмыфӀми операционнэ стӀолым къызбгъэдэту сэ сщӀэр къыздищӀэну къэмыувмэ, сэри схузэфӀэкӀын щыӀэтэкъым, арати, сэри, семыубзэми, нэхъ зызгъэӀэдэбу, сыкъызыхищӀэм си гуапэу селъэӀуащ: – Нэхъапэращи, тӀасэ, Ӏуэхур зыӀутым и курыкупсэм хэплъи, зы шанс закъуэ фӀэкӀ мыхъуми, пэрыӀэбапӀэ гуэр къэгъуэт— Лъапсэ, 13
(дещӀэ)
1. Зыгуэрым и гъусэу зыгуэрым щыгъуазэу щытын.
Лу Ӏэджэ дищӀэрт Ӏэюби псоми зэхахыу елъэӀурт: – Ӏэюб, кхъыӀэ, гур къэӀэти дыгъэлъагъу, – жиӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589
+1 örnek
Мурад гуэрыр дахэм иӀэу Линэ и гур нобэ мэгъу. Мусэ дадэ ар къыдещӀэ – Шыхъуэ лӀыжьыр и дзыхь щӀэгъущ— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 41
2. Зыгуэрым щхьэкӀэ (теухуауэ) зыгуэрым щыгъуэзэн.
[Алим] Сэ зи гугъу сщӀынур ЩоджэнцӀыкӀу Алий дэсщӀэу щытаращ— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518
+1 örnek
Сосрыкъуэ зыгуэр дэзыщӀэ щыӀэти, бомбэ яхидзамэ нэхъыфӀу къэзылъытэ яхэтт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616
Kitapta geçtiği hali
ДЭЩӀЭН I (дещӀэ) лъэӀ. (5). Зыгуэрым и гъусэу лэжьыгъэ, Ӏуэхугъуэ гуэр щӀэн. И псэлъэкӀэмкӀэ гурыӀуэгъуэт зэрыщӀегъуэжар, пэжыр жыпӀэмэ, сэри сщӀэрт сымаджэ хьэлъэм наркоз ептыныр зэрышынагъуэр, арщхьэкӀэ Ӏэмалыншэти, Варварэ Романовнэ фӀэфӀ-фӀэмыфӀми операционнэ стӀолым къызбгъэдэту сэ сщӀэр къыздищӀэну къэмыувмэ, сэри схузэфӀэкӀын щыӀэтэкъым, арати, сэри, семыубзэми, нэхъ зызгъэӀэдэбу, сыкъызыхищӀэм си гуапэу селъэӀуащ: – Нэхъапэращи, тӀасэ, Ӏуэхур зыӀутым и курыкупсэм хэплъи, зы шанс закъуэ фӀэкӀ мыхъуми, пэрыӀэбапӀэ гуэр къэгъуэт. Лъапсэ, 13–14.
ДЭЩӀЭН II (дещӀэ) лъэӀ. (4). 1. (2). Зыгуэрым и гъусэу зыгуэрым щыгъуазэу щытын. Лу Ӏэджэ дищӀэрт Ӏэюби псоми зэхахыу елъэӀурт: – Ӏэюб, кхъыӀэ, гур къэӀэти дыгъэлъагъу, – жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589. Мурад гуэрыр дахэм иӀэу Линэ и гур нобэ мэгъу. Мусэ дадэ ар къыдещӀэ – Шыхъуэ лӀыжьыр и дзыхь щӀэгъущ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 41. 2. (2). Зыгуэрым щхьэкӀэ (теухуауэ) зыгуэрым щыгъуэзэн. [Алим] Сэ зи гугъу сщӀынур ЩоджэнцӀыкӀу Алий дэсщӀэу щытаращ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518. Сосрыкъуэ зыгуэр дэзыщӀэ щыӀэти, бомбэ яхидзамэ нэхъыфӀу къэзылъытэ яхэтт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616.