дэщӀыгъун

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

руа) (дыщӀегъу) перех. гл.

1. Зыгуэрым зыгуэр щӀыгъун, гъусэ хуэщӀын.

руприставить кого-л. к кому-л.

ЛӀыжьым щӀалэ цӀыкӀур дэщӀыгъун.

2. Зыгуэрым зыгуэр щӀыгъун.

рудобавить, присовокупить, приобщить что-л. к чему-л.

Документхэм иджыри зы дэщӀыгъун.

3. Зыгуэрым нэгъуэщӀ гуэри телъхьэ хуэщӀын.

руприбавить, дать в придачу что-л.

Ахъшэм щыгъын дэщӀыгъун. б) (дощӀыгъу, дэщӀыгъу) неперех. гл.

1. Зыгуэрым и гъусэн.

рубыть, находиться вместе с кем-чем-л.

Сэ си анэм сыдэщӀыгъуу си анэшым сыкӀуэжырт.— Шортэн Аскэрбий

+1 örnek

Шыдым и закъуэкъым Хъуэжэ ищэр - абы зы джэдуухъуи дэщӀыгъущ.— Ӏуащхьэмахуэ

2. Зыгуэр зыгуэрым щӀыгъун.

рудобавляться, прилагаться к чему-л.

Газет къэсщэхуахэм зы журнал дэщӀыгъут.

Kitapta geçtiği hali

дэщӀыгъун а) (дыщӀегъу) перех. гл. 1. приставить кого-л. к кому-л. / Зыгуэрым зыгуэр щӀыгъун, гъусэ хуэщӀын. ЛӀыжьым щӀалэ цӀыкӀур дэщӀыгъун. 2. добавить, присовокупить, приобщить что-л. к чему-л. / Зыгуэрым зыгуэр щӀыгъун. Документхэм иджыри зы дэщӀыгъун. 3. прибавить, дать в придачу что-л. / Зыгуэрым нэгъуэщӀ гуэри телъхьэ хуэщӀын. Ахъшэм щыгъын дэщӀыгъун. б) (дощӀыгъу, дэщӀыгъу) неперех. гл. 1. быть, находиться вместе с кем-чем-л. / Зыгуэрым и гъусэн. * Сэ си анэм сыдэщӀыгъуу си анэшым сыкӀуэжырт. Ш. А. Шыдым и закъуэкъым Хъуэжэ ищэр - абы зы джэдуухъуи дэщӀыгъущ. Ӏуащхь. 2. добавляться, прилагаться к чему-л. / Зыгуэр зыгуэрым щӀыгъун. Газет къэсщэхуахэм зы журнал дэщӀыгъут.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(дыщӀегъу)

1. Зыгуэрым зыгуэр дэщӀыгъун, гъусэ хуэщӀын.

Бадзэ батальону дапщи дэщӀыбгъуа?— Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. «Партыр ди пашэу», 138

2. Зыгуэрым зыгуэр телъхьэ хуэщӀын.

[Адэлджэрий:] И тхылъи къызитащ, ислъэмей зэрыт патефон пластинки дэщӀыгъуу— Гъуэгуанэ, 111

+1 örnek

Мес румыну Тудораки Телъыджащэу ищӀщ сыхьэтри Календару дэщӀыгъужым Ди гуфӀэгъуэу пэрыхьэтыр Октябрышхуэу къэзылъхуами КъыщыщӀидзэу ебж зэманыр, ЩогуфӀыкӀ езы дыдэр А лъэхъэнэу гум и къаным— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 59

(дэщӀыгъущ)

Зыгуэрым и гъусэн.

Сэ здэщӀыгъуу лъэпэрапи ДыздэгъалӀэ, ар нэхъыфӀщ— Бдзэжьеящэм ипхъу, 150

+2 örnek

Зэныбжьэгъухэу Бот, Хьэбалэ, Къантемыри ядэщӀыгъуу, Линэ дахэ дихьэхауэ А щӀалищыр зым щыгугъырт— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 37

Хьэ Ӏущ Темырыр здэщӀыгъукъэ, Дэ къакӀуэ псори дохутэ— Умыгузавэ, си анэ. «Бгы лъапэхэм деж», 48

Kitapta geçtiği hali

ДЭЩӀЫГЪУН I (дыщӀегъу) лъэӀ. (14). 1. (1). Зыгуэрым зыгуэр дэщӀыгъун, гъусэ хуэщӀын. Бадзэ батальону дапщи дэщӀыбгъуа? Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. «Партыр ди пашэу», 138. 2. (2). Зыгуэрым зыгуэр телъхьэ хуэщӀын. [Адэлджэрий:] И тхылъи къызитащ, ислъэмей зэрыт патефон пластинки дэщӀыгъуу. Гъуэгуанэ, 111. Мес румыну Тудораки Телъыджащэу ищӀщ сыхьэтри Календару дэщӀыгъужым Ди гуфӀэгъуэу пэрыхьэтыр Октябрышхуэу къэзылъхуами КъыщыщӀидзэу ебж зэманыр, ЩогуфӀыкӀ езы дыдэр А лъэхъэнэу гум и къаным. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 59.

ДЭЩӀЫГЪУН II (дэщӀыгъущ) лъэмыӀ. (11). Зыгуэрым и гъусэн. Сэ здэщӀыгъуу лъэпэрапи ДыздэгъалӀэ, ар нэхъыфӀщ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 150. Зэныбжьэгъухэу Бот, Хьэбалэ, Къантемыри ядэщӀыгъуу, Линэ дахэ дихьэхауэ А щӀалищыр зым щыгугъырт. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 37. Хьэ Ӏущ Темырыр здэщӀыгъукъэ, Дэ къакӀуэ псори дохутэ. Умыгузавэ, си анэ. «Бгы лъапэхэм деж», 48.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

refakat

Düzeltme Öner

дэщӀыгъун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.