дэуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэдауэ)
ЗыгуэркӀэ мыаразыуэ ныкъуэкъуэн.
рувозражать кому-л., спорить с кем-л., вести судебное дело, тяжбу
ЖаӀэр мыдэу дэуэн.
+1 örnek
Суд пащхьэм диту уэрэ дэрэ дызэдэуэну емыкӀущ, БатӀэ.— Ӏуащхьэмахуэ
(доуэ)
1. Зэхуаку гуэрым дэхуэу уэн.
руударить между чем-л.
И пщэм дэуэн.
2. ЗыщӀыпӀэ дэхуэу зыгуэр дзын; зыщӀыпӀэ дэхуэу ӀэщэкӀэ уэн.
рубросить что-л. куда-л., между чем-л., стрелять в пространство между чем-л.
3. ЗыщӀыпӀэ уэру дэлъэдэн, дэзэрыгуэн.
рухлынуть куда-л., внутрь чего-л. (напр. о воде, толпе)
Уэшх нэужьым Псыжь къиурти къуажэхэм дэуэрт.— КӀэрашэ Тембот
+1 örnek
Иджы.. Бей-Булат зигъэхьэзырырт е Мэздэгу, е Тэрчкъалэ дэуэну.— Шортэн Аскэрбий
4. ЗэпсалъитӀ зэпыудын.
руперебить кого-л., вмешаться в чей-л. разговор
Къуэ къыщӀыхьэжар адэ-анэм я псалъэмакъым дэуэри зэпиудащ.
Kitapta geçtiği hali
дэуэн I (мэдауэ) неперех. гл. возражать кому-л., спорить с кем-л., вести судебное дело, тяжбу / ЗыгуэркӀэ мыаразыуэ ныкъуэкъуэн. ЖаӀэр мыдэу дэуэн. * Суд пащхьэм диту уэрэ дэрэ дызэдэуэну емыкӀущ, БатӀэ. Ӏуащхь. II (доуэ) неперех. гл. 1. ударить между чем-л. / Зэхуаку гуэрым дэхуэу уэн. И пщэм дэуэн. 2. бросить что-л. куда-л., между чем-л., стрелять в пространство между чем-л. / ЗыщӀыпӀэ дэхуэу зыгуэр дзын; зыщӀыпӀэ дэхуэу ӀэщэкӀэ уэн. 3. переносное хлынуть куда-л., внутрь чего-л. (напр. о воде, толпе) / ЗыщӀыпӀэ уэру дэлъэдэн, дэзэрыгуэн. * Уэшх нэужьым Псыжь къиурти къуажэхэм дэуэрт. КӀ. Т. Иджы.. Бей-Булат зигъэхьэзырырт е Мэздэгу, е Тэрчкъалэ дэуэну. Ш. А. 4. переносное перебить кого-л., вмешаться в чей-л. разговор / ЗэпсалъитӀ зэпыудын. Къуэ къыщӀыхьэжар адэ-анэм я псалъэмакъым дэуэри зэпиудащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэдауэ)
ЗыгуэркӀэ мыарэзыуэ ныкъуэкъуэн.
Дыдауэу гъащӀэр сыт щӀетхьэкӀыр, Зэпыдгъэуауэ дылъэщэн?— Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379
+2 örnek
«Уэ, Долэт, мыпхуэдизрэ умыдауэ», – жаӀамэ, «Ӏэу, сыдэуэну аракъэ мыбы нэс сыкъакӀуэу ятӀэ щӀэзутар», – жиӀэрти яхуэубыдыртэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 243
Локотош дэуэну къызэрыкӀын къудейуэ Азрэт къыщӀэпщхьащ, и жьафэр къыӀурылэлу: – Бахъуэр къэсащ— Нал къута, 261
(доуэ)
ЗыщӀыпӀэ уэру дэлъэдэн, дэзэрыгуэн.
[Тхьэмадэм:] Догуэ, псыдзэ зыдэуэну къуэм хъумпӀэцӀэджыр щхьэ дэкӀрэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 59
+2 örnek
Ди фочыр быдэу ӀитӀкӀэ ткъузу, Бийр зыдэс къалэм дыдэуат— Сабий. «Шум и гъуэгу», 19
Уэрам зэвыр яухри цӀыху къомыр Щэрданхэ я пщӀантӀэ иным щыдэуэм, Лу Астемыри, Степан Ильичи, Елдари фӀэкӀуэдащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 255
Kitapta geçtiği hali
ДЭУЭН I (мэдауэ) лъэмыӀ. (12). ЗыгуэркӀэ мыарэзыуэ ныкъуэкъуэн. Дыдауэу гъащӀэр сыт щӀетхьэкӀыр, Зэпыдгъэуауэ дылъэщэн? Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379. «Уэ, Долэт, мыпхуэдизрэ умыдауэ», – жаӀамэ, «Ӏэу, сыдэуэну аракъэ мыбы нэс сыкъакӀуэу ятӀэ щӀэзутар», – жиӀэрти яхуэубыдыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 243. Локотош дэуэну къызэрыкӀын къудейуэ Азрэт къыщӀэпщхьащ, и жьафэр къыӀурылэлу: – Бахъуэр къэсащ. Нал къута, 261.
ДЭУЭН II (доуэ) лъэмыӀ. (4). ЗыщӀыпӀэ уэру дэлъэдэн, дэзэрыгуэн. [Тхьэмадэм:] Догуэ, псыдзэ зыдэуэну къуэм хъумпӀэцӀэджыр щхьэ дэкӀрэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 59. Ди фочыр быдэу ӀитӀкӀэ ткъузу, Бийр зыдэс къалэм дыдэуат. Сабий. «Шум и гъуэгу», 19. Уэрам зэвыр яухри цӀыху къомыр Щэрданхэ я пщӀантӀэ иным щыдэуэм, Лу Астемыри, Степан Ильичи, Елдари фӀэкӀуэдащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 255.