дэсудани
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Deyimler (1)
дэсудани, къасболэт
ГушыӀэ щӀыкӀэу, щӀэнакӀэ хэлъу Ӏуэхур щызэфӀэкӀым, щиухым деж жаӀэ, урысыбзэ псалъэ «до свидания» (узыншэу ущыт) жыхуиӀэр мытэмэму къапсэлъу хэтщ.
Думэсарэ и кӀэм урысыбзэ зыкъищӀри Астемыр дежкӀэ зы псалъэ идзащ: - «Дэсудани, Къасболэт», - жиӀэри— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522
+1 örnek
Къыдырым кхъухь шэрхъыр быдэу имыӀыгъатэмэ, ирилъэсыкӀри «дэсудани, Къасболэт» жыхуаӀэм хуэдэ хъуат— Кхъухь пхэнж, 513
Kitapta geçtiği hali
ДЭСУДАНИ: ◊ дэсудани, Къасболэт (2). ГушыӀэ щӀыкӀэу, щӀэнакӀэ хэлъу Ӏуэхур щызэфӀэкӀым, щиухым деж жаӀэ, урысыбзэ псалъэ «до свидания» (узыншэу ущыт) жыхуиӀэр мытэмэму къапсэлъу хэтщ. Думэсарэ и кӀэм урысыбзэ зыкъищӀри Астемыр дежкӀэ зы псалъэ идзащ: - «Дэсудани, Къасболэт», - жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. Къыдырым кхъухь шэрхъыр быдэу имыӀыгъатэмэ, ирилъэсыкӀри «дэсудани, Къасболэт» жыхуаӀэм хуэдэ хъуат. Кхъухь пхэнж, 513.