дэплъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(доплъ)
Зэхуаку гуэрым удэплъу плъэн.
рупоглядеть, посмотреть во что-л. (в окно, дыру, щель и т. п.)
Зытес шэнтыр нэхъ гъунэгъуу иригъэкӀуэталӀэри Мэшыкъуэ щхьэгъубжэм дэплъащ: пщӀантӀэр къабзэу зэщӀэпхъэнкӀат, джэдкъаз дэзу дэтт, ауэ сабий лъэпкъ къыӀэщӀэлъагъуакъым.— КӀэрашэ Тембот
+1 örnek
Унэм щӀыхьэным ипэ къихуэу Хьэжбий щхьэгъубжэ дазэмкӀэ доплъ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Kitapta geçtiği hali
дэплъын (доплъ) неперех. гл. поглядеть, посмотреть во что-л. (в окно, дыру, щель и т. п.) / Зэхуаку гуэрым удэплъу плъэн. * Зытес шэнтыр нэхъ гъунэгъуу иригъэкӀуэталӀэри Мэшыкъуэ щхьэгъубжэм дэплъащ: пщӀантӀэр къабзэу зэщӀэпхъэнкӀат, джэдкъаз дэзу дэтт, ауэ сабий лъэпкъ къыӀэщӀэлъагъуакъым. КӀ. Т. Унэм щӀыхьэным ипэ къихуэу Хьэжбий щхьэгъубжэ дазэмкӀэ доплъ. Хь. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(доплъ)
Зыгуэрым и зэхуакукӀэ зэпхыплъын.
Аралпыр бэлыхь гуэрым зэрыхэтыр ӀупщӀт, и пэм мафӀэр кърихырт, пэцыр илыгъуэу, и жьакӀэр къабзэлъабзэу зэщӀэупса щхьэкӀэ, нэхъ лъагъугъуафӀэ хъуатэкъым, и дамэр хишу адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъырт и пӀэ итын хуэмышыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 114
+2 örnek
Локотош пкӀэунэм дэмыпщейуэ, бжэ дамэдазэм дэплъурэ уэрамым дэплъмэ – нэмыцэ машиниплӀ хуэдиз дэту елъагъу.— Нал къута, 245
Дадий ву макъым къегъащтэ, Къэхъуар имыщӀэу щолъэтри Щхьэгъубжьэм доплъыр, мэдаӀуэ— Адэ, 131
Kitapta geçtiği hali
ДЭПЛЪЫН (доплъ) лъэмыӀ. (27). Зыгуэрым и зэхуакукӀэ зэпхыплъын. Аралпыр бэлыхь гуэрым зэрыхэтыр ӀупщӀт, и пэм мафӀэр кърихырт, пэцыр илыгъуэу, и жьакӀэр къабзэлъабзэу зэщӀэупса щхьэкӀэ, нэхъ лъагъугъуафӀэ хъуатэкъым, и дамэр хишу адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъырт и пӀэ итын хуэмышыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 114. Локотош пкӀэунэм дэмыпщейуэ, бжэ дамэдазэм дэплъурэ уэрамым дэплъмэ – нэмыцэ машиниплӀ хуэдиз дэту елъагъу. Нал къута, 245. Дадий ву макъым къегъащтэ, Къэхъуар имыщӀэу щолъэтри Щхьэгъубжьэм доплъыр, мэдаӀуэ. «Адэ», 131.