дэплъеин

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(доплъей)

1. ИщхьэмкӀэ плъэн.

рупосмотреть вверх

Сыдоплъейри щхъуантӀэщ уафэр.— ӀуэрыӀуатэ

+1 örnek

Зи макъыр къэӀу кхъухьлъатэр къилъагъун и мураду Исмел дэплъейрт.— Къуэдзокъуэ Хьэсэн

2. Зыгуэрым щапхъэ техын.

рубрать пример с кого-л.

А щӀалэ жаныр

+2 örnek

Василь

Къэмэт сыткӀи дэплъеину хэтт, абы и псалъэ Ӏущхэм: "ЦӀыхуу укъыщалъхуакӀэ, уи щхьэр хыумыутэж!"- жыхуиӀэм зэрытетыным яужьи итт.— КӀ. Т. Дэ нэхъыжьхэм емыкӀу тщӀэмэ, щӀалэхэр къыддэплъеинщ. П. Б.

Kitapta geçtiği hali

дэплъеин (доплъей) неперех. гл. 1. посмотреть вверх / ИщхьэмкӀэ плъэн. * Сыдоплъейри щхъуантӀэщ уафэр. фольк. Зи макъыр къэӀу кхъухьлъатэр къилъагъун и мураду Исмел дэплъейрт. Къу. Хь. 2. переносное брать пример с кого-л. / Зыгуэрым щапхъэ техын. * А щӀалэ жаныр {Василь} Къэмэт сыткӀи дэплъеину хэтт, абы и псалъэ Ӏущхэм: "ЦӀыхуу укъыщалъхуакӀэ, уи щхьэр хыумыутэж!"- жыхуиӀэм зэрытетыным яужьи итт. КӀ. Т. Дэ нэхъыжьхэм емыкӀу тщӀэмэ, щӀалэхэр къыддэплъеинщ. П. Б.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(доплъей)

1. ЛъагапӀэкӀэ, ищхьэкӀэ плъэн.

Бгы натӀэм тети зы жыгей, Ар бгым къелъэну щӀегъуэжа КъысфӀэщӀу, сэри сыдоплъей.— Бгы нэпкъым тет жыгей. «Шум и гъуэгу», 112

+2 örnek

Мазэгъуэ дахэщ ныщхьэби, Сабий быдзафэр, дунейр И щыпэлъагъуу, щым хъуауэ, Нэр къилыдыкӀыу доплъей.— Жэщ мазэгъуэ. «Дамыгъэ», 217

БгъуэнщӀагъым я щӀагъым псы уэрыр, нэри пэри ихьу, щожэх икӀи псы еуэкӀыпӀэм деж бгы нэпкъ лъагэ, удэплъеямэ пыӀэр пщхьэрыхуу, иӀэщи, а бгы джабэм пцӀащхъуэ абгъуэм ещхьу бгъуэнщӀагъ цӀыкӀу зыкъоми иӀэщ.— Нал къута, 253

2. Зыгуэрым щапхъэ техын.

Гуп хэсмэ, Жыраслъэн нэщхъыфӀэщ, хъыбар гъэщӀэгъуэнхэр жеӀэ, тхьэмадэу Ӏэнэм ягъэтӀысмэ, нэхъ тхьэмадэфӀ уигъэлъыхъуэнщ, абы щӀыкӀэ дахэу хэлъымрэ и хьэл-щэнымрэ зыхалъхьэмэ яфӀэфӀу Ӏэджэ доплъей.— Хъуэпсэгъуэ нур, 85

+2 örnek

ЩӀалэр фӀымэ, фӀым доплъей, Ӏейм ущытхъумэ, мэулъий— Елбэздыкъуэ, 9

Зэш-зэкъуэшхэм я нэхъыщӀэр Я нэхъыжьым ныдоплъей.— Индийскэ поэмэ, 365

Kitapta geçtiği hali

ДЭПЛЪЕИН (доплъей) лъэмыӀ. (29). 1. (24). ЛъагапӀэкӀэ, ищхьэкӀэ плъэн. Бгы натӀэм тети зы жыгей, Ар бгым къелъэну щӀегъуэжа КъысфӀэщӀу, сэри сыдоплъей. Бгы нэпкъым тет жыгей. «Шум и гъуэгу», 112. Мазэгъуэ дахэщ ныщхьэби, Сабий быдзафэр, дунейр И щыпэлъагъуу, щым хъуауэ, Нэр къилыдыкӀыу доплъей. Жэщ мазэгъуэ. «Дамыгъэ», 217. БгъуэнщӀагъым я щӀагъым псы уэрыр, нэри пэри ихьу, щожэх икӀи псы еуэкӀыпӀэм деж бгы нэпкъ лъагэ, удэплъеямэ пыӀэр пщхьэрыхуу, иӀэщи, а бгы джабэм пцӀащхъуэ абгъуэм ещхьу бгъуэнщӀагъ цӀыкӀу зыкъоми иӀэщ. Нал къута, 253. 2. (5). Зыгуэрым щапхъэ техын. Гуп хэсмэ, Жыраслъэн нэщхъыфӀэщ, хъыбар гъэщӀэгъуэнхэр жеӀэ, тхьэмадэу Ӏэнэм ягъэтӀысмэ, нэхъ тхьэмадэфӀ уигъэлъыхъуэнщ, абы щӀыкӀэ дахэу хэлъымрэ и хьэл-щэнымрэ зыхалъхьэмэ яфӀэфӀу Ӏэджэ доплъей. Хъуэпсэгъуэ нур, 85. ЩӀалэр фӀымэ, фӀым доплъей, Ӏейм ущытхъумэ, мэулъий. «Елбэздыкъуэ», 9. Зэш-зэкъуэшхэм я нэхъыщӀэр Я нэхъыжьым ныдоплъей. «Индийскэ поэмэ», 365.

Düzeltme Öner

дэплъеин
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.