дэлэжьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(долажьэ)
Зыгуэрым и гъусэу лэжьэн; лэжьыгъэ гуэр зылэжьым дэӀэпыкъун.
руработать вместе с кем-л., помогать кому-л. в работе
Сэ Мухьэмэд илъэс зыбжанэкӀэ сыдэлэжьащ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Kitapta geçtiği hali
дэлэжьэн (долажьэ) неперех. гл. работать вместе с кем-л., помогать кому-л. в работе / Зыгуэрым и гъусэу лэжьэн; лэжьыгъэ гуэр зылэжьым дэӀэпыкъун. * Сэ Мухьэмэд илъэс зыбжанэкӀэ сыдэлэжьащ. Хь. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(долажьэ)
Зыгуэрым и гъусэу лэжьэн; лэжьыгъэ гуэр зылэжьым дэӀэпыкъун.
Ауэ къалэм дэсу хъуам къалъагъу тхьэмадэр зэрегугъур, пщэдджыжьым нэмэз ищӀамэ, занщӀэу макӀуэри унэр зыщӀым къахэмыкӀыу гъуэлъыжыгъуэ хъухукӀэ яхэтщ, и унэгуащэ Шыкъымхэ я пхъур къыхуэгузавэрэ гъуэмылэ къихьмэ, къыдэлажьэхэр кърегъэблагъэри зэдошхэ— Кхъэлэгъунэ, 373
Kitapta geçtiği hali
ДЭЛЭЖЬЭН (долажьэ) лъэӀ. (1). Зыгуэрым и гъусэу лэжьэн; лэжьыгъэ гуэр зылэжьым дэӀэпыкъун. Ауэ къалэм дэсу хъуам къалъагъу тхьэмадэр зэрегугъур, пщэдджыжьым нэмэз ищӀамэ, занщӀэу макӀуэри унэр зыщӀым къахэмыкӀыу гъуэлъыжыгъуэ хъухукӀэ яхэтщ, и унэгуащэ Шыкъымхэ я пхъур къыхуэгузавэрэ гъуэмылэ къихьмэ, къыдэлажьэхэр кърегъэблагъэри зэдошхэ. Кхъэлэгъунэ, 373.