дэлъэфэхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(делъэфэх)
1. Зыгуэр лъэныкъуэкӀэ елъэфэкӀын, Ӏулъэфын (гъуэгум телъ гуэр).
руоттащить волоком в сторону кого-что-л.
Бжэгъухэр гъуэгум дэлъэфэхын.
2. Зыгуэр зыгуэрым щхьэпырылъэфын. ЩхьэдэхыпӀэм дэлъэфэхын.
руперетащить кого-что-л. (через какую-л. преграду)
3. Зыгуэрым дэлъэн, и щӀыфэм телъу иригъэкӀуэн.
рупровести чем-л. по чему-л.
Псырылъэр дэлъэфэхын. Ӏэр нэкӀум дэлъэфэхын.
Kitapta geçtiği hali
дэлъэфэхын (делъэфэх) перех. гл. 1. оттащить волоком в сторону кого-что-л. / Зыгуэр лъэныкъуэкӀэ елъэфэкӀын, Ӏулъэфын (гъуэгум телъ гуэр). Бжэгъухэр гъуэгум дэлъэфэхын. 2. перетащить кого-что-л. (через какую-л. преграду) / Зыгуэр зыгуэрым щхьэпырылъэфын. ЩхьэдэхыпӀэм дэлъэфэхын. 3. провести чем-л. по чему-л. / Зыгуэрым дэлъэн, и щӀыфэм телъу иригъэкӀуэн. Псырылъэр дэлъэфэхын. Ӏэр нэкӀум дэлъэфэхын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(делъэфэх)
Зыгуэрым дэлъэн, и щӀыфэм телъу, и щӀыӀум тету иригъэкӀуэн.
[Сэид] ГъущӀхъар куэбжэм къыщысым, и башыпэр хъархэм дилъэфэхри, игъэпӀэнкӀыу макъ игъэӀуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 79
Kitapta geçtiği hali
ДЭЛЪЭФЭХЫН (делъэфэх) лъэӀ. (1). Зыгуэрым дэлъэн, и щӀыфэм телъу, и щӀыӀум тету иригъэкӀуэн. [Сэид] ГъущӀхъар куэбжэм къыщысым, и башыпэр хъархэм дилъэфэхри, игъэпӀэнкӀыу макъ игъэӀуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 79.