дэкӀуэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

evlenmekbayan için
DoğuдэкӀуэнунагъуэ ихьэн
BatıдэкӀонунагъо ихьэн
evlenmekkocaya evlenmek; birlikte gitmek
DoğuдэкӀуэн
BatıдэкӀон
varmakkocaya varmak
DoğuдэкӀуэн
BatıлӀы дэкӀон
varmakkocaya varmak; birlikte gitmek
DoğuдэкӀуэн
BatıдэкӀонлӀы дэкӀон
Kitapta geçtiği hali

дэкӀон/дэкӀуэн (дэкӀо/докӀуэ); унагъо ихьэн/унагъуэ ихьэн (~ ехьэ/~ йохьэ); EVLENMEK (bayan için)

дэкӀуэн/дэкӀон; (kocaya ~; birlikte gitmek)

ЛӀЫ дэкӀон/дэкӀуэн (дэкӀо/докӀуэ); VARMAK, (kocaya ~)

дэкӀон/дэкӀуэн (дэкӀо/докӀуэ), ЛӀЫ дэкӀон/дэкӀуэн; (дэкӀо/докӀуэ); VARMAK, (kocaya ~; birlikte gitmek)

дэкӀуэн → дэкӀон; EVLENMEK (bayan için)

Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: дэкӀон

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(докӀуэ)

Зыгуэрым и гъусэу зыщӀыпӀэ кӀуэн.

руидти, ехать вместе с кем-л., сопровождать кого-л.

Хьэр чырэм докӀуэ.— Псалъэжьхэр

(докӀуэ)

ЦӀыхубзым щхьэгъусэ зригъэгъуэтын.

рувыйти замуж

Верэ Павловнэ афицар гуэрым дэкӀуэри зыдэкӀуар... зауэм зэрынэсу къаукӀат.— Ӏуащхьэмахуэ

+1 örnek

Зы махуаем зумыгъалӀэ, зы махуэлӀым удэмыкӀуэ.— Псалъэжьхэр

Kitapta geçtiği hali

дэкӀуэн I (докӀуэ) неперех. гл. идти, ехать вместе с кем-л., сопровождать кого-л. / Зыгуэрым и гъусэу зыщӀыпӀэ кӀуэн. * Хьэр чырэм докӀуэ. (погов.) II (докӀуэ) неперех. гл. выйти замуж / ЦӀыхубзым щхьэгъусэ зригъэгъуэтын. * Верэ Павловнэ афицар гуэрым дэкӀуэри зыдэкӀуар... зауэм зэрынэсу къаукӀат. Ӏуащхь. Зы махуаем зумыгъалӀэ, зы махуэлӀым удэмыкӀуэ. (погов.)

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(докӀуэ)

ЦӀыхубзым щхьэгъусэ зригъэгъуэтын.

Псоми ящӀэ: хъыджэбзым бэлътоку къуитакъэ – къыбдэкӀуэнущи, уэ пщӀэнур уэ пщӀэжын хуейщ— Лъапсэ, 109

+2 örnek

[Саружан] Пшынафэ къэкӀуа щӀалэхэм ящыщ зы къыдихьэхри дэкӀуэри ежьэжащ— Къалэн, 429

Жыжьэ къикӀыр къыплъыхъурт, Уареда, Къыплъыхъуам удокӀуэ, жи, Уареда— Си анэм хуэзусыжар. «Щхьэлыкъуэ», 391

(докӀуэ)

Зыгуэрым и гъусэу зыщӀыпӀэ кӀуэн.

– Абы и уэрэдым езыр зытес алащэри, гум щӀэщӀа шитӀри тыншу дэкӀуэрт, арщхьэкӀэ гур нэхъ псынщӀэ хъуртэкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 636

+2 örnek

[Дэфэрэдж] Фызабэу къанэри вакӀуэ дэкӀмэ, ядыдэкӀрэ вэуэ, мэкъуауэ кӀуэмэ, ядэкӀуэрэ мэкъу ядеуэу, абы ищӀыӀужкӀэ фыз Ӏэзэу щытащ, къытекӀуэ хэкум имысу.— Лъапсэ, 28

Ӏуэху фызыхэтым сэ сыхэту, Фызэлъэбакъуэм селъэбакъуэу, сывдокӀуэ ноби сигу къилъэту— Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 16

(докӀуэ)

Зыгуэрым зыгуэр и гъусэн хуэщӀын, щӀыгъун.

Гъавэм цӀыхубз фащэри дэкӀуэу хэкум я дивизэм ирамыта къагъэнакъым— Щынэхужьыкъуэ, 47

+2 örnek

[Капитаным:] Флъэгъуакъэ дыгъуасэ – мыхьыр ирагъэхьащ танкым, пехотэри дэкӀуэу.— Нал къута, 305

КӀуэдыкӀейуэ кӀуэдар ящымыгъупщэн папщӀэ, Ӏэджэми я тхьэкӀумэр ябзат, яшхэм я тхьэкӀумэри дэкӀуэу.— Лъапсэ, 6

Kitapta geçtiği hali

ДЭКӀУЭН I (докӀуэ) лъэмыӀ. (40). ЦӀыхубзым щхьэгъусэ зригъэгъуэтын. Псоми ящӀэ: хъыджэбзым бэлътоку къуитакъэ – къыбдэкӀуэнущи, уэ пщӀэнур уэ пщӀэжын хуейщ. Лъапсэ, 109. [Саружан] Пшынафэ къэкӀуа щӀалэхэм ящыщ зы къыдихьэхри дэкӀуэри ежьэжащ. Къалэн, 429. Жыжьэ къикӀыр къыплъыхъурт, Уареда, Къыплъыхъуам удокӀуэ, жи, Уареда. Си анэм хуэзусыжар. «Щхьэлыкъуэ», 391.

ДЭКӀУЭН II (докӀуэ) лъэмыӀ. (10). Зыгуэрым и гъусэу зыщӀыпӀэ кӀуэн. – Абы и уэрэдым езыр зытес алащэри, гум щӀэщӀа шитӀри тыншу дэкӀуэрт, арщхьэкӀэ гур нэхъ псынщӀэ хъуртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 636. [Дэфэрэдж] Фызабэу къанэри вакӀуэ дэкӀмэ, ядыдэкӀрэ вэуэ, мэкъуауэ кӀуэмэ, ядэкӀуэрэ мэкъу ядеуэу, абы ищӀыӀужкӀэ фыз Ӏэзэу щытащ, къытекӀуэ хэкум имысу. Лъапсэ, 28. Ӏуэху фызыхэтым сэ сыхэту, Фызэлъэбакъуэм селъэбакъуэу, сывдокӀуэ ноби сигу къилъэту. Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 16.

ДЭКӀУЭН III (докӀуэ) лъэмыӀ. (7). Зыгуэрым зыгуэр и гъусэн хуэщӀын, щӀыгъун. Гъавэм цӀыхубз фащэри дэкӀуэу хэкум я дивизэм ирамыта къагъэнакъым. Щынэхужьыкъуэ, 47. [Капитаным:] Флъэгъуакъэ дыгъуасэ – мыхьыр ирагъэхьащ танкым, пехотэри дэкӀуэу. Нал къута, 305. КӀуэдыкӀейуэ кӀуэдар ящымыгъупщэн папщӀэ, Ӏэджэми я тхьэкӀумэр ябзат, яшхэм я тхьэкӀумэри дэкӀуэу. Лъапсэ, 6.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

evlenmek izdivaç

Düzeltme Öner

дэкӀуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.