дэз
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэрым хуэфӀу дэлъ, дэс.
руполный, набитый чем-л. (напр. полный чемодан одежды)
ПщӀантӀэм цӀыхур дэзт.
+2 örnek
Мэлыхъуэр лӀати, и гуфӀакӀэм лы дэз хъунщ жаӀэрт.— Псалъэжьхэр
Узыдэмыхьэ къуэладжэ лы дэзщ.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
дэз полный, набитый чем-л. (напр. полный чемодан одежды) / Зыгуэрым хуэфӀу дэлъ, дэс. ПщӀантӀэм цӀыхур дэзт. * Мэлыхъуэр лӀати, и гуфӀакӀэм лы дэз хъунщ жаӀэрт. (погов.) Узыдэмыхьэ къуэладжэ лы дэзщ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым хуэфӀу дэлъ, дэс, дэт.
Пшагъуэр къуэм дэзу мэуфафэ, ИщӀагъым нури къущамыт, ЛъагапӀэм тету мо удз цӀыкӀум ЩӀыхубзэу уафэр къыщхьэщытщ.— Зы удз цӀыкӀу закъуэ, мывэм тету. «Вагъуэ махуэ», 85
+2 örnek
Ди пщӀантӀэм шыр дэзу дэтщ, шы епхыпӀэ ящӀри ирапхауэ— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532
– Щэрданхэ я унэм штаб щащӀыну жаӀэ, ахъшэр дэз ящӀмэ, абы яшэнщи щахъумэнщ [сейфыр], – жиӀэрт Астемыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 212
Deyimler (1)
дэз хъун
Псоми ящӀэ хъун, зэхахын, яхэӀуэн (хъыбарыр).
Елдар къызэрыкӀуэр зы напӀэзыпӀэм жылэм дэз хъуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515
+2 örnek
А хъыбарыр хьэблэми къуажэми дэз хъуащи, псоми яфӀэгъэщӀэгъуэнт, хэту пӀэрэ гъукӀэ щӀалэм къыхуашар зи пхъур жаӀэу.— Лъапсэ, 115
Уэрэдыр апхуэдизкӀэ дахэт, зэхэзыхым я гум щӀыхьэрти, жылэм дэз хъуащ, ауэрэ жылэм дэкӀри нэгъуэщӀ къуажэми нэсри хэкум из хъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 160
Kitapta geçtiği hali
ДЭЗ (20). Зыгуэрым хуэфӀу дэлъ, дэс, дэт. Пшагъуэр къуэм дэзу мэуфафэ, ИщӀагъым нури къущамыт, ЛъагапӀэм тету мо удз цӀыкӀум ЩӀыхубзэу уафэр къыщхьэщытщ. Зы удз цӀыкӀу закъуэ, мывэм тету. «Вагъуэ махуэ», 85. Ди пщӀантӀэм шыр дэзу дэтщ, шы епхыпӀэ ящӀри ирапхауэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532. – Щэрданхэ я унэм штаб щащӀыну жаӀэ, ахъшэр дэз ящӀмэ, абы яшэнщи щахъумэнщ [сейфыр], – жиӀэрт Астемыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 212. ◊ Дэз хъун (3). Псоми ящӀэ хъун, зэхахын, яхэӀуэн (хъыбарыр). Елдар къызэрыкӀуэр зы напӀэзыпӀэм жылэм дэз хъуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. А хъыбарыр хьэблэми къуажэми дэз хъуащи, псоми яфӀэгъэщӀэгъуэнт, хэту пӀэрэ гъукӀэ щӀалэм къыхуашар зи пхъур жаӀэу. Лъапсэ, 115. Уэрэдыр апхуэдизкӀэ дахэт, зэхэзыхым я гум щӀыхьэрти, жылэм дэз хъуащ, ауэрэ жылэм дэкӀри нэгъуэщӀ къуажэми нэсри хэкум из хъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 160.