дэжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(дож)
1. ЗыщӀыпӀэ жэкӀэ дэкӀын, зэхуаку гуэрым жэкӀэ дэкӀын.
рувыбежать откуда-л., пробежать между чем-л.
ПщӀантӀэм дэжын. Куэбжэм дэжын.
2. Псы зыщӀыпӀэ дэкӀыу жэн.
рутечь между чем-л.
Уэшхыпсыр къуэм дэжри губгъуэм илъэдащ.
+1 örnek
Къуажэм псышхуэ дэжырт, зэхуэдитӀу зэгуигъэкӀыу.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
(дож)
Джабэ, Ӏуащхьэ сыт хуэдэхэм жэкӀэ дэкӀын.
рубегом взобраться на гору, на склон
Джабэм дэжын. Ӏуащхьэм дэжын.
+1 örnek
ТӀэунейрэ сэ шыгъуэгум ит Ӏуащхьэм сыдэжурэ сыплъащ си анэр къэкӀуэжрэ къэмыкӀуэжрэ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Kitapta geçtiği hali
дэжын I (дож) неперех. гл. 1. выбежать откуда-л., пробежать между чем-л. / ЗыщӀыпӀэ жэкӀэ дэкӀын, зэхуаку гуэрым жэкӀэ дэкӀын. ПщӀантӀэм дэжын. Куэбжэм дэжын. 2. течь между чем-л. / Псы зыщӀыпӀэ дэкӀыу жэн. Уэшхыпсыр къуэм дэжри губгъуэм илъэдащ. * Къуажэм псышхуэ дэжырт, зэхуэдитӀу зэгуигъэкӀыу. Хь. Хь. II (дож) неперех. гл. бегом взобраться на гору, на склон / Джабэ, Ӏуащхьэ сыт хуэдэхэм жэкӀэ дэкӀын. Джабэм дэжын. Ӏуащхьэм дэжын. * ТӀэунейрэ сэ шыгъуэгум ит Ӏуащхьэм сыдэжурэ сыплъащ си анэр къэкӀуэжрэ къэмыкӀуэжрэ. Хь. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(дож)
1. ЗыщӀыпӀэ жэкӀэ дэкӀын, зэхуаку гуэрым жэкӀэ дэкӀын.
Нэхущ пшэплъыр и бащлыкъыу Шур къуэм дожыр къэмыувыӀэу.— Нэхулъэ къыщищӀым. «Батырыбжьэ», 22
+2 örnek
КӀурацэ и пщӀантӀэм къыдидза гуэдз къэпым и уасэ Ӏимыхыу дэжри ежьэжащ.— Нал къута, 276
Хъыджэбзхэм я щхьэцыр зэрызэӀуащэу куэбжэр Ӏуах, дыгъурыгъухэм ящыщу шууитӀ дожри заплъыхь, зым къызэригъэзэжу мыдрейхэри ирашэжьащ КъэрэжькӀэ зэджэ дыгъурыгъу пашэм и унафэкӀэ— Лъапсэ, 35
2. Псы зыщӀыпӀэ дэкӀыу жэн.
Мес Щхьэлыкъуэу сэ си къуажэр, Ар Зэтишьем пэгъунэгъуу Я кум дожыр псы уэр къажэр.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 48
Kitapta geçtiği hali
ДЭЖЫН (дож) лъэмыӀ. (8). 1. (7). ЗыщӀыпӀэ жэкӀэ дэкӀын, зэхуаку гуэрым жэкӀэ дэкӀын. Нэхущ пшэплъыр и бащлыкъыу Шур къуэм дожыр къэмыувыӀэу. Нэхулъэ къыщищӀым. «Батырыбжьэ», 22. КӀурацэ и пщӀантӀэм къыдидза гуэдз къэпым и уасэ Ӏимыхыу дэжри ежьэжащ. Нал къута, 276. Хъыджэбзхэм я щхьэцыр зэрызэӀуащэу куэбжэр Ӏуах, дыгъурыгъухэм ящыщу шууитӀ дожри заплъыхь, зым къызэригъэзэжу мыдрейхэри ирашэжьащ КъэрэжькӀэ зэджэ дыгъурыгъу пашэм и унафэкӀэ. Лъапсэ, 35. 2. (1). Псы зыщӀыпӀэ дэкӀыу жэн. Мес Щхьэлыкъуэу сэ си къуажэр, Ар Зэтишьем пэгъунэгъуу Я кум дожыр псы уэр къажэр. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 48.