дэгъуэтын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(дегъуэт)
Зыгуэрым и гъусэу зыгуэр къэгъуэтын.
рузаиметь, нажить кого-что-л. с кем-л.
Мылъку дэгъуэтын. Сабий куэд дэгъуэтын.
Kitapta geçtiği hali
дэгъуэтын (дегъуэт) перех. гл. заиметь, нажить кого-что-л. с кем-л. / Зыгуэрым и гъусэу зыгуэр къэгъуэтын. Мылъку дэгъуэтын. Сабий куэд дэгъуэтын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(дегъуэт)
Сабий зэдаӀэн.
Пасэу фызабэу къэнащ, бын закъуэ фӀэкӀа и лӀым дигъуэтакъым, и щхьэгъусэр дунейм ехыжа нэужькӀэ езы фызабэр дэкӀуэжри илъэсищэм щӀигъу къигъэщӀащ и къуэрылъху бынунэшхуэм яхэсу.— Лъапсэ, 29
+1 örnek
АтӀэ сыт пщӀэн, уи щхьэгъусэм сабий щыдумыгъуэтакӀэ, езыр узыншэм, сабий щӀэхъуэпсу и дуней ихьын?— Хъуэпсэгъуэ нур, 71
Kitapta geçtiği hali
ДЭГЪУЭТЫН (дегъуэт) лъэӀ. (2). Сабий зэдаӀэн. Пасэу фызабэу къэнащ, бын закъуэ фӀэкӀа и лӀым дигъуэтакъым, и щхьэгъусэр дунейм ехыжа нэужькӀэ езы фызабэр дэкӀуэжри илъэсищэм щӀигъу къигъэщӀащ и къуэрылъху бынунэшхуэм яхэсу. Лъапсэ, 29. АтӀэ сыт пщӀэн, уи щхьэгъусэм сабий щыдумыгъуэтакӀэ, езыр узыншэм, сабий щӀэхъуэпсу и дуней ихьын? Хъуэпсэгъуэ нур, 71.