дэгъуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(дегъуэ)

Зыгуэрым ныкъусаныгъэ, мыхъумыщӀагъэ иӀэу къэлъытэн.

рузаметить, увидеть в ком-чём-л. какой-л. недостаток, изъян

Дунейм тетукъым Мэрян дэбгъуэн, мащӀэу зэрыпэтӀинэр мыхъумэ.— Шортэн Аскэрбий

+2 örnek

Псоми Мурат зэрыщхьэхынэр дагъуэрт.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

Бостейм зыри дэзгъуэркъым, зэрыкӀыхьым фэкӀ.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

дэгъуэн (дегъуэ) перех. гл. заметить, увидеть в ком-чём-л. какой-л. недостаток, изъян / Зыгуэрым ныкъусаныгъэ, мыхъумыщӀагъэ иӀэу къэлъытэн. * Дунейм тетукъым Мэрян дэбгъуэн, мащӀэу зэрыпэтӀинэр мыхъумэ. Ш. А. Псоми Мурат зэрыщхьэхынэр дагъуэрт. Хь. Хь. Бостейм зыри дэзгъуэркъым, зэрыкӀыхьым фэкӀ. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(дегъуэ)

Зыгуэрым ныкъусаныгъэ, мыхъумыщӀагъэ иӀэу къэлъытэн.

[БырмамытӀым:] Клоб ягъакӀуэмэ, нэхъ щӀафӀэфӀам сэри гу лъыстащ: инджылызщ, ехудийм япэщӀэхуэ хъумэ, нэхъ къыфӀэлӀыкӀынщ, къыщысхьынщ жаӀэу арат, Клоб нэхърэ мынэхъ Ӏейуэ сэ инджылыбзэ сщӀэ пэтми. Пэжыр жыпӀэмэ, сэ къыздагъуэн гуэри щыӀэт.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 398

Deyimler (2)

дэбгъуэн кӀэрымылъын

Ныкъусаныгъэ имыӀэн.

Зэи-тӀэуи къашам еплъащ, лӀым дэбгъуэн кӀэрылътэкъым, и жьакӀэ фӀыцӀэ тӀэкӀур Ӏувт, Ӏэпкълъэпкъышхуэт, укӀытэхыуи къыщӀэкӀынт, сыту жыпӀэмэ цӀыхубзым и нэгум къыщӀэплъэфакъым, къезыджа лӀы ябгэжьми фӀэлӀыкӀыу къыщӀэкӀынти, Ӏэдэб-Ӏэдэбу псалъэрт.— Лъапсэ, 60

дэбгъуэн щымыӀэу

СыткӀи зэпэщу.

Хъыджэбз цӀыкӀухэм я ужь дыдэ итым деж къыщыщӀадзэри япэ итым деж щаухыжу я щхьэцыр ятӀэтэжауэ, и нэхъыбитӀыр зэрыфейцейм фӀэкӀа дэбгъуэн щымыӀэу зырызыххэурэ тырку ныбэфым и Ӏэпэм щӀигъэкӀырт, я джанэр дрихьейуэ я щӀыфэм еплъырт, я нэгум щӀэплъэрт: лӀитӀым уэздыгъэ яӀыгъыу къагъэнэху, мо тхьэмыщкӀэ цӀыкӀухэми зраусыгъуэджэ хуэдэ защӀми, абы щхьэкӀэ къимыгъанэу.— Лъапсэ, 36

Kitapta geçtiği hali

ДЭГЪУЭН (дегъуэ) лъэӀ. (1). Зыгуэрым ныкъусаныгъэ, мыхъумыщӀагъэ иӀэу къэлъытэн. [БырмамытӀым:] Клоб ягъакӀуэмэ, нэхъ щӀафӀэфӀам сэри гу лъыстащ: инджылызщ, ехудийм япэщӀэхуэ хъумэ, нэхъ къыфӀэлӀыкӀынщ, къыщысхьынщ жаӀэу арат, Клоб нэхърэ мынэхъ Ӏейуэ сэ инджылыбзэ сщӀэ пэтми. Пэжыр жыпӀэмэ, сэ къыздагъуэн гуэри щыӀэт. ХьэщӀэ лъапӀэ, 398.

ДЭГЪУЭН: ◊ дэбгъуэн кӀэрымылъын (1). Ныкъусаныгъэ имыӀэн. Зэи-тӀэуи къашам еплъащ, лӀым дэбгъуэн кӀэрылътэкъым, и жьакӀэ фӀыцӀэ тӀэкӀур Ӏувт, Ӏэпкълъэпкъышхуэт, укӀытэхыуи къыщӀэкӀынт, сыту жыпӀэмэ цӀыхубзым и нэгум къыщӀэплъэфакъым, къезыджа лӀы ябгэжьми фӀэлӀыкӀыу къыщӀэкӀынти, Ӏэдэб-Ӏэдэбу псалъэрт. Лъапсэ, 60. Дэбгъуэн щымыӀэу (1). СыткӀи зэпэщу. Хъыджэбз цӀыкӀухэм я ужь дыдэ итым деж къыщыщӀадзэри япэ итым деж щаухыжу я щхьэцыр ятӀэтэжауэ, и нэхъыбитӀыр зэрыфейцейм фӀэкӀа дэбгъуэн щымыӀэу зырызыххэурэ тырку ныбэфым и Ӏэпэм щӀигъэкӀырт, я джанэр дрихьейуэ я щӀыфэм еплъырт, я нэгум щӀэплъэрт: лӀитӀым уэздыгъэ яӀыгъыу къагъэнэху, мо тхьэмыщкӀэ цӀыкӀухэми зраусыгъуэджэ хуэдэ защӀми, абы щхьэкӀэ къимыгъанэу. Лъапсэ, 36.

Düzeltme Öner

дэгъуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.