дэгушыӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(догушыӀэ)
1. ГушыӀэ хэлъу зыгуэрым епсэлъэн.
рушутить с кем-л.
Абы
+3 örnek
Хьэсет
жиӀэр уи фӀэщ пщӀыуэ Ӏуэхум ухуемыжьэ, Болэт, ар ауэ къыбдэгушыӀэу аращ.— Къэрмокъуэ Мухьэмэд
Джамиля.. тэрэзэтетым дэгушыӀэурэ зыдэлажьэм и лэжьэгъум гу лъитэххэу хэпщӀыкӀыртэкъым.— Ӏуащхьэмахуэ
2. ЩӀалэр хъыджэбзым е хъыджэбзыр щӀалэм лъагъуныгъэкӀэ пыщӀауэ щытын.
руухаживать за кем-л., любезничать с кем-л.
ЩӀалэм къишар зыдэгушыӀэу щыта хъыджэбзырщ.
Kitapta geçtiği hali
дэгушыӀэн (догушыӀэ) неперех. гл. 1. шутить с кем-л. / ГушыӀэ хэлъу зыгуэрым епсэлъэн. * Абы {Хьэсет} жиӀэр уи фӀэщ пщӀыуэ Ӏуэхум ухуемыжьэ, Болэт, ар ауэ къыбдэгушыӀэу аращ. Къ. М. Джамиля.. тэрэзэтетым дэгушыӀэурэ зыдэлажьэм и лэжьэгъум гу лъитэххэу хэпщӀыкӀыртэкъым. Ӏуащхь. 2. переносное ухаживать за кем-л., любезничать с кем-л. / ЩӀалэр хъыджэбзым е хъыджэбзыр щӀалэм лъагъуныгъэкӀэ пыщӀауэ щытын. ЩӀалэм къишар зыдэгушыӀэу щыта хъыджэбзырщ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(догушыӀэ)
1. ГушыӀэ хэлъу зыгуэрым епсэлъэн.
Астемыр, сабий фӀыуэ илъагъурти, ядэгушыӀэу яхэтт— Хъуэпсэгъуэ нур, 182
+2 örnek
Лу абыхэм ядэгушыӀэурэ зихуэпэжщ, и щхьэцми тӀэкӀу телъэщӀыхьри хадэ защӀэкӀэ Чачэхэ я унэм жащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 506
Хьэ къуацэжьым догушыӀэр – Арщ а щӀалэм гъусэу иӀэр.— Тисей, 488
2. ЩӀалэр хъыджэбзым е хъыджэбзыр щӀалэм лъагъуныгъэкӀэ пыщӀауэ щытын, пылъын.
Ар зыпылъым дэгушыӀэм – Гуауэр псори щогъупщэж. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 153
+1 örnek
Месыр ахэр къыздоувыр, Линэ щӀалэм догушыӀэ…— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 42
Kitapta geçtiği hali
ДЭГУШЫӀЭН (догушыӀэ) лъэмыӀ. (14). 1. (10). ГушыӀэ хэлъу зыгуэрым епсэлъэн. Астемыр, сабий фӀыуэ илъагъурти, ядэгушыӀэу яхэтт. Хъуэпсэгъуэ нур, 182. Лу абыхэм ядэгушыӀэурэ зихуэпэжщ, и щхьэцми тӀэкӀу телъэщӀыхьри хадэ защӀэкӀэ Чачэхэ я унэм жащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 506. Хьэ къуацэжьым догушыӀэр – Арщ а щӀалэм гъусэу иӀэр. «Тисей», 488. 2. (3). ЩӀалэр хъыджэбзым е хъыджэбзыр щӀалэм лъагъуныгъэкӀэ пыщӀауэ щытын, пылъын. Ар зыпылъым дэгушыӀэм – Гуауэр псори щогъупщэж. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 153. Месыр ахэр къыздоувыр, Линэ щӀалэм догушыӀэ…Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 42.