дэбзэхыкӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(добзэхыкӀ)
напӀэзыпӀэм зыщӀыпӀэ дэкӀуэдыкӀын.
румгновенно, неожиданно исчезнуть, пропасть откуда-л.
- Пхъуантэ убгъэдэтам дэлъа пыӀэр ущӀэкӀыу укъыщӀыхьэжыху дауэ дэбзэхыкӀын? - жиӀащ Хъуэжэ.— ӀуэрыӀуатэ
+1 örnek
А махуэм пщы Залым-фӀыцӀэ зызэщӀикъуэщ, шэсри, къуажэм дэбзэхыкӀащ.— ГуащӀэдэкӀым и уэрэд
Kitapta geçtiği hali
дэбзэхыкӀын (добзэхыкӀ) неперех. гл. мгновенно, неожиданно исчезнуть, пропасть откуда-л. / напӀэзыпӀэм зыщӀыпӀэ дэкӀуэдыкӀын. * - Пхъуантэ убгъэдэтам дэлъа пыӀэр ущӀэкӀыу укъыщӀыхьэжыху дауэ дэбзэхыкӀын? - жиӀащ Хъуэжэ. фольк. А махуэм пщы Залым-фӀыцӀэ зызэщӀикъуэщ, шэсри, къуажэм дэбзэхыкӀащ. Гу. и у.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(добзэхыкӀ)
НапӀэзыпӀэм зыщӀыпӀэ дэкӀуэдыкӀын.
Налшык дзэ къаша нэужь, Астемыри къуажэм дэбзэхыкӀащ, здэкӀуари здэжари ямыщӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 158
+1 örnek
Къуажэм цӀыхухъу е цӀыхубз дэбзэхыкӀамэ, цӀыхухъуу дэсыр шэсурэ ХьэтӀрэмтӀыгу кхъухь тедзапӀэмкӀэ жэуэ щытащ, ядыгъуар къыщагъуэтыжи Ӏэджэрэ къэхъуащ, иныкъуэми къагъуэтыжа щхьэкӀэ, къэщэхужын хуейуэ зыщэхуам хъыджэбзыр кърищэжын имыдэмэ, зэзауэрт, е ящэхуар къэкӀуэсэжырт, зыпылъу щыта щӀалэм и гъусэу ежьэжырти, урыс къалэ гуэрым и гъунэгъуу тӀысыжырт, щӀапӀэ къратам унэ иращӀыхьыжауэ.— Лъапсэ, 34
Kitapta geçtiği hali
ДЭБЗЭХЫКӀЫН (добзэхыкӀ) лъэмыӀ. (2). НапӀэзыпӀэм зыщӀыпӀэ дэкӀуэдыкӀын. Налшык дзэ къаша нэужь, Астемыри къуажэм дэбзэхыкӀащ, здэкӀуари здэжари ямыщӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 158. Къуажэм цӀыхухъу е цӀыхубз дэбзэхыкӀамэ, цӀыхухъуу дэсыр шэсурэ ХьэтӀрэмтӀыгу кхъухь тедзапӀэмкӀэ жэуэ щытащ, ядыгъуар къыщагъуэтыжи Ӏэджэрэ къэхъуащ, иныкъуэми къагъуэтыжа щхьэкӀэ, къэщэхужын хуейуэ зыщэхуам хъыджэбзыр кърищэжын имыдэмэ, зэзауэрт, е ящэхуар къэкӀуэсэжырт, зыпылъу щыта щӀалэм и гъусэу ежьэжырти, урыс къалэ гуэрым и гъунэгъуу тӀысыжырт, щӀапӀэ къратам унэ иращӀыхьыжауэ. Лъапсэ, 34.