дыдэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ручастица
1. ИкъукӀэ.
руочень, слишком
ЩӀыӀэ дыдэ. Плъыжь дыдэ. ӀэфӀ дыдэ.
2. КъызэкӀэлъыкӀуэ псалъэр зыгъэбелджылы къыхэзыгъэщхьэхукӀ частицэщ.
русам, сама, само (указывает на важность, значительность какого-л. лица, предмета), самый, именно
КъанцӀыкӀу къуажэпщ Аслъэнджэрий дыдэм пщӀэ хуищӀ мэхъу.— Шортэн Аскэрбий
+1 örnek
Академик Берже деж щыӀа Нэгумэ шорэ и Ӏэрытх дыдэр иджыри къэс дгъуэтыжыркъым.— Шортэн Аскэрбий
Kitapta geçtiği hali
дыдэ частица 1. очень, слишком / ИкъукӀэ. ЩӀыӀэ дыдэ. Плъыжь дыдэ. ӀэфӀ дыдэ. 2. сам, сама, само (указывает на важность, значительность какого-л. лица, предмета), самый, именно / КъызэкӀэлъыкӀуэ псалъэр зыгъэбелджылы къыхэзыгъэщхьэхукӀ частицэщ. * КъанцӀыкӀу къуажэпщ Аслъэнджэрий дыдэм пщӀэ хуищӀ мэхъу. Ш. А. Академик Берже деж щыӀа Нэгумэ шорэ и Ӏэрытх дыдэр иджыри къэс дгъуэтыжыркъым. Ш. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ИкъукӀэ, егъэлеяуэ, хуабжьу.
Псыежэхми мыл Ӏув телъти, псыр гъужа къыпфӀэщӀырт, арщхьэкӀэ мыл щӀагъым «шкӀур, шкӀур» жиӀэу псы къабзэ дыдэ цӀыкӀу щӀэту ежэхырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 301
+2 örnek
Хъыджэбзыр дахэ дыдэщ, уеплъмэ, нэр егъэджыл, къэзылъагъум гу къылъетэ, езыр къабзэ цӀыкӀущ, лъагъугъуафӀэщи, цӀыхур зыӀэпешэ, хьэл дахэ хэлъщ, щӀыкӀафӀэщ, дэбгъуэн щыӀэкъым.— Лэчымэ, 392
СтӀол бгъуэшхуэхэр кӀыхь дыдэ хъужауэ игъэувыкӀащ, абы бгъэдэтхэм цы зэращ электоромашинкэр яӀыгъщи, мэлыфэр е бжэныфэр стӀолым трагъэувэри бетэмалу ящ.— МелыӀыч, 452
2. КъызыкӀэлъыкӀуэ псалъэр зыгъэбелджылы, щӀэзыгъэхуабжьэ частицэ.
Лу дэнэ къэна, езы Инал дыдэ е и хьэщӀэм языхэзым я пщӀыхьэпӀи къэкӀынтэкъым къэхъуар къэхъуну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573
+2 örnek
Аслъэныр я гъусэну къащӀэмэ, зы хьэкӀэкхъуэкӀи кхъухьым пхуитӀысхьэнукъым, езы кхъухьыпщ дыдэми дзыхь ищӀу аслъэныр гъусэ ищӀынукъым.— Кхъухь пхэнж, 800
Езы Нартыху дыдэу псори зыфӀэлӀыкӀыр ХъынцӀэл фӀолӀыкӀыж, сыту жыпӀэмэ, я щэху Ӏэджэ зэрощӀэри— Лъапсэ, 76
3. Ӏуэхугъуэр къыщыхъуа зэманыр егъэбелджылы.
ЗэкъуэшитӀыр къызэщӀэплъауэ унэм щӀэлъадэу зым зыр пэрыуэу махуэ псом къалэм щалъэгъуар яӀуатэу щыщӀадзэ дыдэм, Думэсарэрэ Нанэрэ нэщхъейуэ, я нэпсыр ямылъэщӀу гъыуэ ялъагъури, тӀуми зэуэ я псалъэр пачащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 128
+2 örnek
Абы ищӀыӀужкӀэ а пщыхьэщхьэ дыдэм Исхьэкъ гъуоуэ джэрт, Мэтхъэн Къазджэрий къигъэлъэгъуэну спектаклым фынакӀуэ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632
Къурш щхьэдэхыпӀэм цӀыхур щынэс дыдэм борэн къэхъуащи, дунейр уэсым щӀигъэнащ.— Нал къута, 298
4. Ӏуэхугъуэр къыщыхъу, щекӀуэкӀ щӀыпӀэр егъэбелджылы, егъэнаӀуэ.
[Дэфэрэдж:] Сэри си фӀэщ мэхъу гузэвэгъуэ гуэр къызэрыхъуар, си ӀэнатӀэм сызэрыӀут лъандэрэ хъыджэбз мащӀэ лӀэныгъэм къезгъэла, итӀани хъуркъым: зыр щылъэпэрэпа дыдэм адрейхэри зэрынэсу, мы лъапэзэвыпӀэм зыщысхъумащэрэт жамыӀэу носри мэлъэпэрапэ, япэ итым къыщыщӀа дыдэм шокъу жиӀэу хуэзэу.— Лъапсэ, 10
+3 örnek
Жыг щхьэкӀэ дыдэм сэ сыпысу Си сабиигъуэр щӀиупскӀащ.— Кхъужьей къудамэ. «Вагъуэ махуэ», 312
Мусэрэ Мэсхьудрэ пщӀантӀэм дэту щалъагъум, Мусэ и куэбжэ дыдэм деж зэ щыджэгуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 643
Апчарэ псы Ӏуфэм Ӏуту хадапхэ дыдэмкӀэ щыӀэщ, псыӀэрышэм и макъым едаӀуэ хуэдэу.— Щынэхужьыкъуэ, 33
5. Зыгуэр зэрыщытыр наӀуэу къегъэлъагъуэ.
СӀэщӀэкӀащ си ныбжьэгъур, жиӀэрти Тембот зыдэджэгун, зыдэгушыӀэн гуэр къигъуэтын хуейти, ар зыхуэныкъуэ дыдэм хуэдэу ныбжьэгъу хъарзынэ Бот и кӀыщым щыхуэзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 286
+1 örnek
Гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ жыхуаӀэу, ЩоджэнцӀыкӀур щӀэгузэва дыдэр къэхъуащ: щӀалэр сымаджэ хьэлъэу, мафӀэ къыщӀэнам хуэдэу и температурэр плӀыщӀым нэсу, езыри Ӏуэщхъуу, зимыщӀэжу, упщӀэжь гуэр къешэкӀауэ къашэжри общежитым къыщӀалъхьэжащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
6. Шэч зыхэмылъ, нэгъэса.
Мурад къызэрилъытэмкӀэ, Астемыр абрэдж дыдэми едэ, жиӀэр ищӀэ закъуэмэ, здигъакӀуэм кӀуэрэ Ӏуэхутхьэбзэр зэфӀигъэкӀмэ, итӀани, и Ӏэ гъуа лъэныкъуэр жыпым къримыхыу, мыдрей лъэныкъуэмкӀэ и пащӀэр иӀуантӀэурэ, лӀитӀым жаӀэм едэӀуащ, тӀэу фӀэкӀа мыхущхьэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 162
+2 örnek
Астемыр и гум къэкӀат Къазджэрий епсэлъэну, арщхьэкӀэ, дэнэт – Къазджэрий хущӀыхьэрэ, театр дыдэ зэхуишэса къыфӀэщӀыжу яхэтщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641
Езы тӀури мауэ, машинэм исхэм ар зыуи къащыхъуркъым, сыту жыпӀэмэ машинэм абы хуэдизкӀэ дрехуейри, абы уснайпер дыдэми пхутегъэхуэнукъым.— Щынэхужьыкъуэ, 67
Kitapta geçtiği hali
ДЫДЭ (552). частицэ. 1. (296). ИкъукӀэ, егъэлеяуэ, хуабжьу. Псыежэхми мыл Ӏув телъти, псыр гъужа къыпфӀэщӀырт, арщхьэкӀэ мыл щӀагъым «шкӀур, шкӀур» жиӀэу псы къабзэ дыдэ цӀыкӀу щӀэту ежэхырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 301. Хъыджэбзыр дахэ дыдэщ, уеплъмэ, нэр егъэджыл, къэзылъагъум гу къылъетэ, езыр къабзэ цӀыкӀущ, лъагъугъуафӀэщи, цӀыхур зыӀэпешэ, хьэл дахэ хэлъщ, щӀыкӀафӀэщ, дэбгъуэн щыӀэкъым. Лэчымэ, 392. СтӀол бгъуэшхуэхэр кӀыхь дыдэ хъужауэ игъэувыкӀащ, абы бгъэдэтхэм цы зэращ электоромашинкэр яӀыгъщи, мэлыфэр е бжэныфэр стӀолым трагъэувэри бетэмалу ящ. МелыӀыч, 452. 2. (107). КъызыкӀэлъыкӀуэ псалъэр зыгъэбелджылы, щӀэзыгъэхуабжьэ частицэ. Лу дэнэ къэна, езы Инал дыдэ е и хьэщӀэм языхэзым я пщӀыхьэпӀи къэкӀынтэкъым къэхъуар къэхъуну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573. Аслъэныр я гъусэну къащӀэмэ, зы хьэкӀэкхъуэкӀи кхъухьым пхуитӀысхьэнукъым, езы кхъухьыпщ дыдэми дзыхь ищӀу аслъэныр гъусэ ищӀынукъым. Кхъухь пхэнж, 800. Езы Нартыху дыдэу псори зыфӀэлӀыкӀыр ХъынцӀэл фӀолӀыкӀыж, сыту жыпӀэмэ, я щэху Ӏэджэ зэрощӀэри. Лъапсэ, 76. 3. (61). Ӏуэхугъуэр къыщыхъуа зэманыр егъэбелджылы. ЗэкъуэшитӀыр къызэщӀэплъауэ унэм щӀэлъадэу зым зыр пэрыуэу махуэ псом къалэм щалъэгъуар яӀуатэу щыщӀадзэ дыдэм, Думэсарэрэ Нанэрэ нэщхъейуэ, я нэпсыр ямылъэщӀу гъыуэ ялъагъури, тӀуми зэуэ я псалъэр пачащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 128. Абы ищӀыӀужкӀэ а пщыхьэщхьэ дыдэм Исхьэкъ гъуоуэ джэрт, Мэтхъэн Къазджэрий къигъэлъэгъуэну спектаклым фынакӀуэ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632. Къурш щхьэдэхыпӀэм цӀыхур щынэс дыдэм борэн къэхъуащи, дунейр уэсым щӀигъэнащ. Нал къута, 298. 4. (45). Ӏуэхугъуэр къыщыхъу, щекӀуэкӀ щӀыпӀэр егъэбелджылы, егъэнаӀуэ. [Дэфэрэдж:] Сэри си фӀэщ мэхъу гузэвэгъуэ гуэр къызэрыхъуар, си ӀэнатӀэм сызэрыӀут лъандэрэ хъыджэбз мащӀэ лӀэныгъэм къезгъэла, итӀани хъуркъым: зыр щылъэпэрэпа дыдэм адрейхэри зэрынэсу, мы лъапэзэвыпӀэм зыщысхъумащэрэт жамыӀэу носри мэлъэпэрапэ, япэ итым къыщыщӀа дыдэм шокъу жиӀэу хуэзэу. Лъапсэ, 10. Жыг щхьэкӀэ дыдэм сэ сыпысу Си сабиигъуэр щӀиупскӀащ. Кхъужьей къудамэ. «Вагъуэ махуэ», 312. Мусэрэ Мэсхьудрэ пщӀантӀэм дэту щалъагъум, Мусэ и куэбжэ дыдэм деж зэ щыджэгуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 643. Апчарэ псы Ӏуфэм Ӏуту хадапхэ дыдэмкӀэ щыӀэщ, псыӀэрышэм и макъым едаӀуэ хуэдэу. Щынэхужьыкъуэ, 33. 5. (25). Зыгуэр зэрыщытыр наӀуэу къегъэлъагъуэ. СӀэщӀэкӀащ си ныбжьэгъур, жиӀэрти Тембот зыдэджэгун, зыдэгушыӀэн гуэр къигъуэтын хуейти, ар зыхуэныкъуэ дыдэм хуэдэу ныбжьэгъу хъарзынэ Бот и кӀыщым щыхуэзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 286. Гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ жыхуаӀэу, ЩоджэнцӀыкӀур щӀэгузэва дыдэр къэхъуащ: щӀалэр сымаджэ хьэлъэу, мафӀэ къыщӀэнам хуэдэу и температурэр плӀыщӀым нэсу, езыри Ӏуэщхъуу, зимыщӀэжу, упщӀэжь гуэр къешэкӀауэ къашэжри общежитым къыщӀалъхьэжащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. 6. (18). Шэч зыхэмылъ, нэгъэса. Мурад къызэрилъытэмкӀэ, Астемыр абрэдж дыдэми едэ, жиӀэр ищӀэ закъуэмэ, здигъакӀуэм кӀуэрэ Ӏуэхутхьэбзэр зэфӀигъэкӀмэ, итӀани, и Ӏэ гъуа лъэныкъуэр жыпым къримыхыу, мыдрей лъэныкъуэмкӀэ и пащӀэр иӀуантӀэурэ, лӀитӀым жаӀэм едэӀуащ, тӀэу фӀэкӀа мыхущхьэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 162. Астемыр и гум къэкӀат Къазджэрий епсэлъэну, арщхьэкӀэ, дэнэт – Къазджэрий хущӀыхьэрэ, театр дыдэ зэхуишэса къыфӀэщӀыжу яхэтщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641. Езы тӀури мауэ, машинэм исхэм ар зыуи къащыхъуркъым, сыту жыпӀэмэ машинэм абы хуэдизкӀэ дрехуейри, абы уснайпер дыдэми пхутегъэхуэнукъым. Щынэхужьыкъуэ, 67.