дыгъэ зегъэун

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

дыгъэ

1. ЩӀыр зыгъэнэху, зыгъэхуабэ вагъуэ. –120.

Штабым Апчарэ лӀыкӀуэу щӀалэ цӀыкӀуитӀ щигъакӀуэм, плъэри и гум ириубыдащ: дыгъэр «къэблэм» къыщхьэщыувэным иджыри тӀэкӀу къэнэжат.— Щынэхужьыкъуэ, 65

+2 örnek

Дыгъэр къурш щӀыбагъым щыкъухьэм къуэ кӀуэцӀым пшапэр щызэхэуащ, пшэ тхьэмбылыфэу щытами фӀыцӀафэ къатеуащ.— Нал къута, 271

Махуэм дыгъэр благъуэм зыӀуригъэлъадэу жылэм щалъагъум, гужьеяуэ зэрызехьэрт, ящӀэнур ямыщӀэу, пэгун, лэгъуп сытхэр къащтауэ ягъэву, мэӀэуэлъауэ, фоч зиӀэм къищтауэ уафэм доуей, благъуэр ягъэщтэн я гугъэу.— Лъапсэ, 119

2. Дыгъэм къыбгъэдэкӀ нэху, хуабагъэ.

Уэлэхьи, хамэ къакӀуэу имыдыгъуа, - жиӀэри пщӀантӀэпсыр къежэхыу дыгъэм хэт лӀыжь гъур цӀыкӀу къэкӀиящ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 88

3. Нур зыбгъэдэлъ, нэхугъэ зиӀэ.

И джабитӀыр сэшхуэм дыгъэщ, Нэхущ апхуэдэу гум и тыгъэр.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 52

4. Мыхьэнэшхуэ зиӀэ, лъапӀэныгъэ зыбгъэдэлъ.

И гугъу ящӀ защӀэу нэху ягъэщ, Езыми дыгъэу зыкъыфӀощӀ.— Зыхуейр къехъулӀэу зылӀ есащ… Вагъуэ махуэ, 324

Deyimler (3)

дыгъэ егъэун

Зыгуэрым и щӀыӀум, и щхьэфэм дыгъэ тегъэпсэн.

Шым и щӀыбыр дыгъэм иригъэууэ щытт епэзэзэхыу.— Щынэхужьыкъуэ, 55

+2 örnek

[Къыдырым:] Ди ныбэр нэщӀми, ди щӀыфэр дыгъэм едгъэууэ дыщылъщ.— Кхъухь пхэнж, 502

ПщыӀэ хужьу къуршхэр итщи, Дыгъэм джабэр ирагъэу, Я пэр лъагэу яӀэтауэ Пшэм щӀоф жыпӀэу щызэблоу.— Щыдэжыныр щыдэжауэ. «Вагъуэ махуэ», 332

дыгъэ зегъэун

Дыгъэм и бзийхэр зытегъэпсэн, дыгъэм хэтын.

[Къыдырым:] Тхъэжыгъуэтэкъэ ар: ухъуакӀуэрэ зыбгъэнщӀа нэужь, уетӀысэхрэ ужьэгъуашхэу дыгъэм зебгъэууэ ущылъыныр?— Кхъухь пхэнж, 495

дыгъэ нур

ИкъукӀэ, фӀы, дахэ.

Иджы щӀалэ цӀыкӀу тхьэм къаритащи, тхьэӀухудщ, дыгъэ нурщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 71

Kitapta geçtiği hali

ДЫГЪЭ (181). 1. (128). ЩӀыр зыгъэнэху, зыгъэхуабэ вагъуэ. Штабым Апчарэ лӀыкӀуэу щӀалэ цӀыкӀуитӀ щигъакӀуэм, плъэри и гум ириубыдащ: дыгъэр «къэблэм» къыщхьэщыувэным иджыри тӀэкӀу къэнэжат. Щынэхужьыкъуэ, 65. Дыгъэр къурш щӀыбагъым щыкъухьэм къуэ кӀуэцӀым пшапэр щызэхэуащ, пшэ тхьэмбылыфэу щытами фӀыцӀафэ къатеуащ. Нал къута, 271. Махуэм дыгъэр благъуэм зыӀуригъэлъадэу жылэм щалъагъум, гужьеяуэ зэрызехьэрт, ящӀэнур ямыщӀэу, пэгун, лэгъуп сытхэр къащтауэ ягъэву, мэӀэуэлъауэ, фоч зиӀэм къищтауэ уафэм доуей, благъуэр ягъэщтэн я гугъэу. Лъапсэ, 119–120. 2. (53). Дыгъэм къыбгъэдэкӀ нэху, хуабагъэ. Уэлэхьи, хамэ къакӀуэу имыдыгъуа, - жиӀэри пщӀантӀэпсыр къежэхыу дыгъэм хэт лӀыжь гъур цӀыкӀу къэкӀиящ. Хъуэпсэгъуэ нур, 88. 3. (1). зэхь. плъыф. мыхь. Нур зыбгъэдэлъ, нэхугъэ зиӀэ. И джабитӀыр сэшхуэм дыгъэщ, Нэхущ апхуэдэу гум и тыгъэр. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 52. 4. (1). Мыхьэнэшхуэ зиӀэ, лъапӀэныгъэ зыбгъэдэлъ. И гугъу ящӀ защӀэу нэху ягъэщ, Езыми дыгъэу зыкъыфӀощӀ. Зыхуейр къехъулӀэу зылӀ есащ… «Вагъуэ махуэ», 324. ◊ Дыгъэ егъэун (7). Зыгуэрым и щӀыӀум, и щхьэфэм дыгъэ тегъэпсэн. Шым и щӀыбыр дыгъэм иригъэууэ щытт епэзэзэхыу. Щынэхужьыкъуэ, 55. [Къыдырым:] Ди ныбэр нэщӀми, ди щӀыфэр дыгъэм едгъэууэ дыщылъщ. Кхъухь пхэнж, 502. ПщыӀэ хужьу къуршхэр итщи, Дыгъэм джабэр ирагъэу, Я пэр лъагэу яӀэтауэ Пшэм щӀоф жыпӀэу щызэблоу. Щыдэжыныр щыдэжауэ. «Вагъуэ махуэ», 332. Дыгъэ зегъэун (1). Дыгъэм и бзийхэр зытегъэпсэн, дыгъэм хэтын. [Къыдырым:] Тхъэжыгъуэтэкъэ ар: ухъуакӀуэрэ зыбгъэнщӀа нэужь, уетӀысэхрэ ужьэгъуашхэу дыгъэм зебгъэууэ ущылъыныр? Кхъухь пхэнж, 495. Дыгъэ нур (1). ИкъукӀэ, фӀы, дахэ. Иджы щӀалэ цӀыкӀу тхьэм къаритащи, тхьэӀухудщ, дыгъэ нурщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 71.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

güneşlemek

Düzeltme Öner

дыгъэ зегъэун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.