дурэш
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Псэуалъэ зэхэт, зэхэщӀыхьахэм я зэхуаку, зэбгъэдэт, зэпэщытхэм я зэхуакум узэрыдэкӀ, узэрыдыхьэ хъу.
рузакоулок (в каком-л. помещении)
Сабийр псынщӀэщ, дэнэ дурэши нос.
2. Зыгуэрым и плӀанэпэ.
руугол чего-л. (напр. комнаты)
Пэш плӀанэпэ. Гуэщ плӀанэпэ.
Kitapta geçtiği hali
дурэш 1. закоулок (в каком-л. помещении) / Псэуалъэ зэхэт, зэхэщӀыхьахэм я зэхуаку, зэбгъэдэт, зэпэщытхэм я зэхуакум узэрыдэкӀ, узэрыдыхьэ хъу. Сабийр псынщӀэщ, дэнэ дурэши нос. 2. угол чего-л. (напр. комнаты) / Зыгуэрым и плӀанэпэ. Пэш плӀанэпэ. Гуэщ плӀанэпэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зыгуэрым (п.п. пэш, гуэщ) и плӀанэпэ.
Елдар зэӀущӀэр зэрекӀуэкӀыу, гуэщым нэсщ, бжэр икъутэри, кӀэкуакуэу дурэшым дэс Нурхьэлий къыдишу тешанкӀэм иригъэтӀысхьэху, жылэр къызэрыӀэтащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 256
+2 örnek
ЦӀыхубзу зэӀущӀэм хэтар дурэш гуэрым дэувауэ запӀытӀ-захузу зэхэтт, цӀыхухъухэм ябгъэдэсу тӀысын ямыдауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661
Я анэр хадэм итти, жэри щыжраӀэм, Дахэуэс къакӀуэри и гуащэ гурыму щылъ ятӀэ защӀэр согъэкъэбзэжи сыти жимыӀэу дурэшым дэлъ уэншэкужьым трилъхьэжащ, ипхъу цӀыкӀуитӀыр здигъэӀэпыкъуурэ.— ГущӀэгъу, 420
2. Псэуалъэ зэхэт е нэгъущӀ зэхэщӀыхьахэм я зэхуаку, зэбгъэдэт, зэпэщытхэм я зэхуакум узэрыдэкӀ, узэрыдыхьэ хъу.
ЩӀым и гъунэм дыгъэр зэ нэсарэ Къигъэзэжу къыздикӀамкӀэ кӀуэжтэм, Махуэ защӀэу гъащӀэр екӀуэкӀынут, Борэн ябги, зы дурэш къыдэжу Хадэм ихьэу, диным имыкӀынут.— Псыр къежэхыу уафэм щытыгъамэ… Вагъуэ махуэ, 338
+2 örnek
«КӀэкъмакъ къэзыӀэтыр бжыхьым щхьэпырыдз» жиӀэу Елдар унафэ хуищӀати, Ӏэюб епхъуэрти зауэ-банэ къэзыгъэхъейр, хьэпшып цӀыкӀум ещхьу, Ӏэ лъэныкъуэкӀэ иӀыгъыу зы дурэш гуэрым дидзэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588
Сигналыр къатамэ, дурэшым дэт кхъуэпӀащэри щыхь епхауэ щытри къаутӀыпщынт, ар здэжэн хуей лъагъуэм тетурэ жэрт, зыхуэзэпхъэ щакӀуэм хуэзэху.— Лъапсэ, 70
Deyimler (1)
дурэшым дэдзэжын
ӀэщӀыб щӀын, и Ӏуэху земыхуэжын.
[Инал:] Мэтхъэным и шэрихьэтыр дурэшым дидзэжу ди лъэныкъуэ хъуамэ, щӀэхъуар ди революцэр лъэщщи аращ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528
+1 örnek
Ауэ щыхъукӀэ, шэрихьэт Ӏуэху жыхуэпӀэр дурэшым дидзэжащ [Мэтхъэным].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528
Kitapta geçtiği hali
ДУРЭШ (31). 1. (21). Зыгуэрым (п.п. пэш, гуэщ) и плӀанэпэ. Елдар зэӀущӀэр зэрекӀуэкӀыу, гуэщым нэсщ, бжэр икъутэри, кӀэкуакуэу дурэшым дэс Нурхьэлий къыдишу тешанкӀэм иригъэтӀысхьэху, жылэр къызэрыӀэтащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 256. ЦӀыхубзу зэӀущӀэм хэтар дурэш гуэрым дэувауэ запӀытӀ-захузу зэхэтт, цӀыхухъухэм ябгъэдэсу тӀысын ямыдауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661. Я анэр хадэм итти, жэри щыжраӀэм, Дахэуэс къакӀуэри и гуащэ гурыму щылъ ятӀэ защӀэр согъэкъэбзэжи сыти жимыӀэу дурэшым дэлъ уэншэкужьым трилъхьэжащ, ипхъу цӀыкӀуитӀыр здигъэӀэпыкъуурэ. ГущӀэгъу, 420. 2. (10). Псэуалъэ зэхэт е нэгъущӀ зэхэщӀыхьахэм я зэхуаку, зэбгъэдэт, зэпэщытхэм я зэхуакум узэрыдэкӀ, узэрыдыхьэ хъу. ЩӀым и гъунэм дыгъэр зэ нэсарэ Къигъэзэжу къыздикӀамкӀэ кӀуэжтэм, Махуэ защӀэу гъащӀэр екӀуэкӀынут, Борэн ябги, зы дурэш къыдэжу Хадэм ихьэу, диным имыкӀынут. Псыр къежэхыу уафэм щытыгъамэ… «Вагъуэ махуэ», 338. «КӀэкъмакъ къэзыӀэтыр бжыхьым щхьэпырыдз» жиӀэу Елдар унафэ хуищӀати, Ӏэюб епхъуэрти зауэ-банэ къэзыгъэхъейр, хьэпшып цӀыкӀум ещхьу, Ӏэ лъэныкъуэкӀэ иӀыгъыу зы дурэш гуэрым дидзэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588. Сигналыр къатамэ, дурэшым дэт кхъуэпӀащэри щыхь епхауэ щытри къаутӀыпщынт, ар здэжэн хуей лъагъуэм тетурэ жэрт, зыхуэзэпхъэ щакӀуэм хуэзэху. Лъапсэ, 70. ◊ Дурэшым дэдзэжын (2). ӀэщӀыб щӀын, и Ӏуэху земыхуэжын. [Инал:] Мэтхъэным и шэрихьэтыр дурэшым дидзэжу ди лъэныкъуэ хъуамэ, щӀэхъуар ди революцэр лъэщщи аращ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528. Ауэ щыхъукӀэ, шэрихьэт Ӏуэху жыхуэпӀэр дурэшым дидзэжащ [Мэтхъэным]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528.