думэсарэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЦӀыхубзыцӀэщ, «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ» романхэм хэт персонажщ, Ботэщ Астемыр и щхьэгъусэщ.
Думэсарэрэ Астемыррэ я бын дыдэр ялъагъуу къыщӀэкӀынтэкъым Елдар зэралъагъум хуэдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514
+2 örnek
Иджы Думэсарэ егугъупэу пщафӀэрт, абы шхын ищӀыр Саримэ щэхуу Нурхьэлийхэ я унэмкӀэ ирихьэкӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 280
Бот къыгурыӀуат Думэсарэ гъуэгу тэмэм зэрытетыр, ауэ абы и псалъэм пидзыжын имыгъуэту, Астемыр дежкӀэ еплъэкӀырт, уэ зыгуэр жыпӀэфыну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу къригъэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 263
Kitapta geçtiği hali
ДУМЭСАРЭ (371). ЦӀыхубзыцӀэщ, «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ» романхэм хэт персонажщ, Ботэщ Астемыр и щхьэгъусэщ. Думэсарэрэ Астемыррэ я бын дыдэр ялъагъуу къыщӀэкӀынтэкъым Елдар зэралъагъум хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514. Иджы Думэсарэ егугъупэу пщафӀэрт, абы шхын ищӀыр Саримэ щэхуу Нурхьэлийхэ я унэмкӀэ ирихьэкӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 280. Бот къыгурыӀуат Думэсарэ гъуэгу тэмэм зэрытетыр, ауэ абы и псалъэм пидзыжын имыгъуэту, Астемыр дежкӀэ еплъэкӀырт, уэ зыгуэр жыпӀэфыну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу къригъэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 263.