диссертацэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЩӀэныгъэ гуэрымкӀэ степень къахьын папщӀэ, ятхыу утыку ирахьэ лэжьыгъэ.
рудиссертация
Диссертацэ тхын. Диссертацэм елэжьын.
Kitapta geçtiği hali
диссертацэ диссертация / ЩӀэныгъэ гуэрымкӀэ степень къахьын папщӀэ, ятхыу утыку ирахьэ лэжьыгъэ. Диссертацэ тхын. Диссертацэм елэжьын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЩӀэныгъэ гуэрымкӀэ степень къахьын папщӀэ, ятхыу утыку иралъхьэ лэжьыгъэ.
[Гесиод:] Япэу къысщӀэнэкӀэнур аращ, «дыгъужьым уи мэлыр зэрашхам теухуауэ диссертацэ тхы», жиӀэу— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162
+2 örnek
Щхьэлыкъуэ нэсу арт уи гъуэгур, Уи диссертацэр шы Ӏэдэжт, Иджы шы къарэм уемыпсыхыу, Мухьэб, уимыӀэ къэгъэзэж.— АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм. «Вагъуэ махуэ», 95
[Дэфэрэдж:] Си диссертацэм и гугъу сымыщӀыххами, нэхъыфӀт, абы Камизэхэ я пхъур къигъэгубжьын фӀэкӀа, фӀы къыхэкӀынутэкъым.— Лъапсэ, 25
Kitapta geçtiği hali
ДИССЕРТАЦЭ (10). ЩӀэныгъэ гуэрымкӀэ степень къахьын папщӀэ, ятхыу утыку иралъхьэ лэжьыгъэ. [Гесиод:] Япэу къысщӀэнэкӀэнур аращ, «дыгъужьым уи мэлыр зэрашхам теухуауэ диссертацэ тхы», жиӀэу. Тепщэч къэзылъэтыхь, 162. Щхьэлыкъуэ нэсу арт уи гъуэгур, Уи диссертацэр шы Ӏэдэжт, Иджы шы къарэм уемыпсыхыу, Мухьэб, уимыӀэ къэгъэзэж. АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм. «Вагъуэ махуэ», 95. [Дэфэрэдж:] Си диссертацэм и гугъу сымыщӀыххами, нэхъыфӀт, абы Камизэхэ я пхъур къигъэгубжьын фӀэкӀа, фӀы къыхэкӀынутэкъым. Лъапсэ, 25.