дзэкъэгъуэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
дзэкъэгъуэ/цэкъэгъу; ISIRIK (ısırım/lık)
цэкъэгъу/дзэкъэгъуэ; ISIRIK (ısırım/lık)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зэ узэдзэкъэн, зэуэ къыгуэбдзэкъыкӀын.
рукусок на один укус
Зы шхын дзэкъэгъуэ унэм щӀэлъкъым.
+1 örnek
Чыржын дзэкъэгъуэ зытхухи езгъэхри унэм сыкъыщӀэкӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ
Bu maddedeki ifadeler (1)
дзэкъэгъуэ Ӏухуакъым
румаковой росинки во рту не было.
Сэ сщӀэрт си анэм махуэ псом зы дзэкъэгъуэ зэрыӀумыхуар.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан
Kitapta geçtiği hali
дзэкъэгъуэ кусок на один укус / Зэ узэдзэкъэн, зэуэ къыгуэбдзэкъыкӀын. Зы шхын дзэкъэгъуэ унэм щӀэлъкъым. * Чыржын дзэкъэгъуэ зытхухи езгъэхри унэм сыкъыщӀэкӀащ. Ӏуащхь. Дзэкъэгъуэ Ӏухуакъым маковой росинки во рту не было. * Сэ сщӀэрт си анэм махуэ псом зы дзэкъэгъуэ зэрыӀумыхуар. Хь. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зэ узэдзэкъэн, зэуэ къыгуэбдзэкъыкӀын.
Уеблэмэ, шыл гъэгъуа иӀэти [Дзэшу] окоп лъэгум мафӀэ щищӀрэ лыр игъажьэу хуежьэмэ, игъащӀэкӀэ шыл зышхын зымыдар хъурейуэ къетӀысэкӀырт, дзэкъэгъуэу зырыз къыдомытыну пӀэрэ, жаӀэу— КӀапсэ кӀапэ, 7
+2 örnek
Дисэ зэрымэжалӀэр нэрылъагъут, хьэлывэм и ныкъуэр зэ дзэкъэгъуэ къыщыгуичам— ГущӀэгъу, 422
ЩакӀуэ кӀуэмэ, къиукӀым щыщ езым зы дзэкъэгъуэ имышхыу, и ныбжьэгъухэр зэхуишэсрэ хьэщӀагъэ ярихмэ, ар фӀэнасыпышхуэу зыгъэӀуи щыӀэщ.— Лъапсэ, 73
Deyimler (3)
дзэкъэгъуэ Ӏухуэн
Зыгуэр шхын, зыӀурыгъэун.
Мес, фызыжь гуэрым нартыху матэ къихьауэ щхьэлтетым йолъэӀу: - А, тӀу, а Ӏэдэм, а зи уз кӀуэдын, дыгъуасэ лъандэрэ дзэкъэгъуэ сӀухуа мыгъуэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630
+1 örnek
Дзэкъэгъуибл Ӏухуами, ШхэнкӀэ зимыгъэнщӀ.— Индийскэ поэмэ, 361
дзэкъэгъуэ Ӏумыгъэхуэн
ГъэмэжэлӀэн, мыгъэшхэн.
Дзэкъэгъуэ закъуи Ӏувмыгъахуэ, Гум жьы дихуни лъывмыгъэс, Фымыдэ фи щӀым ар къихьэххэу – Фи губжь и мафӀэм бийр евгъэс— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 181
дзэкъэгъуэ Ӏумыхуэн
Зыри и джийм емыхын, дзэкъэгъуэ имышхын.
[Алыджыкъуэ:] Сыгузэвэщати, си лъакъуэр нэхъ тыншу зекӀуэ хъуат, дыгъуасэ лъандэри дзэкъэгъуэ зэрысӀумыхуари сщыгъупщэжат.— МелыӀыч, 437
Kitapta geçtiği hali
ДЗЭКЪЭГЪУЭ (5). Зэ узэдзэкъэн, зэуэ къыгуэбдзэкъыкӀын. Уеблэмэ, шыл гъэгъуа иӀэти [Дзэшу] окоп лъэгум мафӀэ щищӀрэ лыр игъажьэу хуежьэмэ, игъащӀэкӀэ шыл зышхын зымыдар хъурейуэ къетӀысэкӀырт, дзэкъэгъуэу зырыз къыдомытыну пӀэрэ, жаӀэу. КӀапсэ кӀапэ, 7. Дисэ зэрымэжалӀэр нэрылъагъут, хьэлывэм и ныкъуэр зэ дзэкъэгъуэ къыщыгуичам. ГущӀэгъу, 422. ЩакӀуэ кӀуэмэ, къиукӀым щыщ езым зы дзэкъэгъуэ имышхыу, и ныбжьэгъухэр зэхуишэсрэ хьэщӀагъэ ярихмэ, ар фӀэнасыпышхуэу зыгъэӀуи щыӀэщ. Лъапсэ, 73. ◊ Дзэкъэгъуэ Ӏухуэн (1). Зыгуэр шхын, зыӀурыгъэун. Мес, фызыжь гуэрым нартыху матэ къихьауэ щхьэлтетым йолъэӀу: - А, тӀу, а Ӏэдэм, а зи уз кӀуэдын, дыгъуасэ лъандэрэ дзэкъэгъуэ сӀухуа мыгъуэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630. Дзэкъэгъуибл Ӏухуами, ШхэнкӀэ зимыгъэнщӀ. «Индийскэ поэмэ», 361. Дзэкъэгъуэ Ӏумыгъэхуэн (1). ГъэмэжэлӀэн, мыгъэшхэн. Дзэкъэгъуэ закъуи Ӏувмыгъахуэ, Гум жьы дихуни лъывмыгъэс, Фымыдэ фи щӀым ар къихьэххэу – Фи губжь и мафӀэм бийр евгъэс. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 181. Дзэкъэгъуэ Ӏумыхуэн (2). Зыри и джийм емыхын, дзэкъэгъуэ имышхын. [Алыджыкъуэ:] Сыгузэвэщати, си лъакъуэр нэхъ тыншу зекӀуэ хъуат, дыгъуасэ лъандэри дзэкъэгъуэ зэрысӀумыхуари сщыгъупщэжат. МелыӀыч, 437.