джэдэщ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
джэдэщ/чэтэщ; KÜMES
чэтэщ/джэдэщ; KÜMES
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Джэд щаӀыгъ, зыщӀэт псэуалъэ.
рукурятник, птичник
Пщыхьэщхьэ хъуащ, джэдхэри джэдэщым щӀыхьэжри лъэуейм дэлъеижащ. Джэдхэр джэдэщым щокӀэцӀ.
Kitapta geçtiği hali
джэдэщ курятник, птичник / Джэд щаӀыгъ, зыщӀэт псэуалъэ. Пщыхьэщхьэ хъуащ, джэдхэри джэдэщым щӀыхьэжри лъэуейм дэлъеижащ. Джэдхэр джэдэщым щокӀэцӀ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Джэдкъаз щаӀыгъ, зыщӀэт псэуалъэ. -567.
Бажэри зэрынэхъыфӀ щыӀэкъым, хэт и джэдэщ нэхъ тӀасхъэу пӀэрэ жиӀэу жэщым нэху щыху къеджэдыхь – джэди къази къыпэщӀэхуэр ешх, кӀэпхъ къыпэщӀэхуэми, щысхьырабгъу иӀэнукъым.— Кхъухь пхэнж, 507
+2 örnek
Фочауэ макъым игъэщта джэдыр лъэуейм къелъэжу сэлэтхэм щалъагъум, джэдэщым щӀэлъадэри джэду къахуэубыдыр къаубыдри ари машинэм ирадзащ, джэдыщхьэр пачурэ.— Нал къута, 291
Думэсарэ тхылъымпӀэ пхъуантэр зэтричу дэлъым еплъыну пӀэцӀеижми, джэдэщым кӀуэуэ джэд къимубыду хъуакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566
Kitapta geçtiği hali
ДЖЭДЭЩ (17). Джэдкъаз щаӀыгъ, зыщӀэт псэуалъэ. Бажэри зэрынэхъыфӀ щыӀэкъым, хэт и джэдэщ нэхъ тӀасхъэу пӀэрэ жиӀэу жэщым нэху щыху къеджэдыхь – джэди къази къыпэщӀэхуэр ешх, кӀэпхъ къыпэщӀэхуэми, щысхьырабгъу иӀэнукъым. Кхъухь пхэнж, 507. Фочауэ макъым игъэщта джэдыр лъэуейм къелъэжу сэлэтхэм щалъагъум, джэдэщым щӀэлъадэри джэду къахуэубыдыр къаубыдри ари машинэм ирадзащ, джэдыщхьэр пачурэ. Нал къута, 291. Думэсарэ тхылъымпӀэ пхъуантэр зэтричу дэлъым еплъыну пӀэцӀеижми, джэдэщым кӀуэуэ джэд къимубыду хъуакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 566-567.