джэд

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

tavuk
Doğuджэд
Batıчэты
Kitapta geçtiği hali

джэд/чэты; TAVUK

чэты/джэд (Абз. АКӀЕТӀ); TAVUK

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

И лымрэи джэдыкӀэмрэ щхьэкӀэ унэм щагъэхъу дамэ зытет псэущхьэ.

рукурица

Джэдыр мэкъакъэ. Джэдыр мэкӀэцӀ. Джэдыр гъуэлъхьащ.

+2 örnek

Джэд нэхърэ джэдыкӀэ нэхъ Ӏущщ.— Псалъэжьхэр

Джэдрэ пэт мэулъэпхъащэ.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (6)

джэд Ӏуэн

рукукарекать; предвещать рассвет пеньем-о петухах.

ЛӀитӀыр Къанщауэхэ щынэсам джэд Ӏуэрт.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} джэд хъубжэр хуэщӀыжын (зэхуэщӀыжын)

рупотерпеть неудачу в разведении кур.

джэд анэ

КӀэцӀ, гъуалъхьэ зи хабзэ джэд.

рукурица

Мимэ-мимэ, мимэ и анэр мэлъаӀуэ, ар щӀэлъаӀуэр джэд анэщ, джэд анэжьи кърат, вагъуэм и пэбжыр къекӀэцӀ, удзым и пэбжыр къреш.— ӀуэрыӀуатэ

джэд вей

Джэдым къадэх вей.

рукуриный помёт

2 ifade daha

джэд лыбжьэ

Адыгэ шхыныгъуэ, шатэкӀэ гъэлыбжьа джэдыл.

ругедлибже (адыгское национальное блюдо-курятина, приготовленная в сметанном соусе с приправами)

Зы сыхьэт ныкъуи дэкӀатэкъым пӀастэ хуабэрэ джэд лыбжьэрэ Ӏэнэ цӀыкӀум тету унэгуащэм къыщыщӀихьам.— КӀэрашэ Тембот

джэд Ӏус

Джэдкъазым хуагъэхьэзырыр шхын.

рукорм для домашней птицы

Фызыжьым джэд Ӏусыр джэдхэм яхуипхъащ.

Kitapta geçtiği hali

джэд курица / И лымрэи джэдыкӀэмрэ щхьэкӀэ унэм щагъэхъу дамэ зытет псэущхьэ. Джэдыр мэкъакъэ. Джэдыр мэкӀэцӀ. Джэдыр гъуэлъхьащ. * Джэд нэхърэ джэдыкӀэ нэхъ Ӏущщ. (погов.) Джэдрэ пэт мэулъэпхъащэ. (погов.) Джэд Ӏуэн кукарекать; предвещать рассвет пеньем-о петухах. * ЛӀитӀыр Къанщауэхэ щынэсам джэд Ӏуэрт. Ӏуащхь. {И} джэд хъубжэр хуэщӀыжын (зэхуэщӀыжын) потерпеть неудачу в разведении кур. Джэд анэ курица / КӀэцӀ, гъуалъхьэ зи хабзэ джэд. * Мимэ-мимэ, мимэ и анэр мэлъаӀуэ, ар щӀэлъаӀуэр джэд анэщ, джэд анэжьи кърат, вагъуэм и пэбжыр къекӀэцӀ, удзым и пэбжыр къреш. фольк. Джэд вей куриный помёт / Джэдым къадэх вей. джэд лыбжьэ гедлибже (адыгское национальное блюдо-курятина, приготовленная в сметанном соусе с приправами) / Адыгэ шхыныгъуэ, шатэкӀэ гъэлыбжьа джэдыл. * Зы сыхьэт ныкъуи дэкӀатэкъым пӀастэ хуабэрэ джэд лыбжьэрэ Ӏэнэ цӀыкӀум тету унэгуащэм къыщыщӀихьам. КӀ. Т. Джэд Ӏус корм для домашней птицы / Джэдкъазым хуагъэхьэзырыр шхын. Фызыжьым джэд Ӏусыр джэдхэм яхуипхъащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Дамэ тету и джэдыкӀэмрэ и лымрэ щхьэкӀэ цӀыхухэм ягъэхъу псэущхьэ.

БэзэракӀуэхэри лъэсу хэт джэд ихьу, хэт шатэ банкӀ и кӀэрзинкӀэм къищу, хэти къэп и блыпкъым еупцӀэкӀауэ, хэти матэ къуаншэ иӀыгърэ и щхьэр фӀэлэлу, шыд шуи яхэту макӀуэ.— МелыӀыч, 471

+2 örnek

Зэгуэр Лу чы кӀыхь иӀыгъыу Нурхьэлийхэ я бжэӀупэм Ӏуст, джэд сыт къыӀухьэмэ, Ӏуихужу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 278

Фочауэ макъым игъэщта джэдыр лъэуейм къелъэжу сэлэтхэм щалъагъум, джэдэщым щӀэлъадэри джэду къахуэубыдыр къаубыдри ари машинэм ирадзащ, джэдыщхьэр пачурэ.— Нал къута, 291

Deyimler (1)

джэд тӀэу мыӀуэу

ПсынщӀэу, напӀэзыпӀэм.

[Фызым:] Иджы, алыхь, джэд тӀэу мыӀуэу псори зэфӀокӀым.— Гъуэгуанэ, 124

Atasözleri (2)

джэд щыкъун и пщӀыхьщ

ХъуэпсапӀэр гум ихуркъым.

[Астемыр] «Джэд щыкъун и пщӀыхьщ» жиӀэнщи аращ и пэри и кӀэри, ауэ зэзэмызэ зыгъэгупсысэ гуэр щыщыӀэм деж къеупщӀырт: «Думэсарэ, пщӀыхьэпӀэу плъэгъуар сыт?»— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 564

джэдым зэрыфӀагъэжыну сэр къеулъэпхъэщ

ЦӀыхур езыр зэран зыхуохъуж.

[Джэлил:] Джэдым зэрыфӀагъэжыну сэр къеулъэпхъэщ, жаӀэу зэхэпха?— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490

Kitapta geçtiği hali

ДЖЭД (103). Дамэ тету и джэдыкӀэмрэ и лымрэ щхьэкӀэ цӀыхухэм ягъэхъу псэущхьэ. БэзэракӀуэхэри лъэсу хэт джэд ихьу, хэт шатэ банкӀ и кӀэрзинкӀэм къищу, хэти къэп и блыпкъым еупцӀэкӀауэ, хэти матэ къуаншэ иӀыгърэ и щхьэр фӀэлэлу, шыд шуи яхэту макӀуэ. МелыӀыч, 471. Зэгуэр Лу чы кӀыхь иӀыгъыу Нурхьэлийхэ я бжэӀупэм Ӏуст, джэд сыт къыӀухьэмэ, Ӏуихужу. Хъуэпсэгъуэ нур, 278. Фочауэ макъым игъэщта джэдыр лъэуейм къелъэжу сэлэтхэм щалъагъум, джэдэщым щӀэлъадэри джэду къахуэубыдыр къаубыдри ари машинэм ирадзащ, джэдыщхьэр пачурэ. Нал къута, 291. ◊ Джэд тӀэу мыӀуэу (1). ПсынщӀэу, напӀэзыпӀэм. [Фызым:] Иджы, алыхь, джэд тӀэу мыӀуэу псори зэфӀокӀым. Гъуэгуанэ, 124. ☐ Джэд щыкъун и пщӀыхьщ (1). ХъуэпсапӀэр гум ихуркъым. [Астемыр] «Джэд щыкъун и пщӀыхьщ» жиӀэнщи аращ и пэри и кӀэри, ауэ зэзэмызэ зыгъэгупсысэ гуэр щыщыӀэм деж къеупщӀырт: «Думэсарэ, пщӀыхьэпӀэу плъэгъуар сыт?» Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 564. Джэдым зэрыфӀагъэжыну сэр къеулъэпхъэщ (1). ЦӀыхур езыр зэран зыхуохъуж. [Джэлил:] Джэдым зэрыфӀагъэжыну сэр къеулъэпхъэщ, жаӀэу зэхэпха? Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

tavukzooloji

Düzeltme Öner

джэд
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.