детсад
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Урыс псалъэ: илъэси 3–5 хъу сабийхэр махуэкӀэ здэщыӀэ, щагъасэ унэ, сабий сад. –98.
– Мыр детсад къанщи, анэ, адэ жыхуэпӀэхэр хъымпӀар ищӀыркъым, – жиӀэурэ адэшхуэр дыхьэшхырт— Лъапсэ, 66
+2 örnek
Къызэхуэмысуи хъурэт – къуажэм щӀэуэ къыдэхъуэр Темыркъант зи акъыл къихьыр – школ япэ дыдэ къыщызэӀуахам къызэӀузыхар Темыркъант ККОВ жыпӀэми, детсад, клуб, хьэмэм жыпӀэми – псоми яужь итыр арат.— Щынэхужьыкъуэ, 20
Зыбжанэ дэкӀрэ депутату хахмэ, «маяк» хъумэ, хуэпщӀар къыпхуищӀэжынщ: щӀапӀэ ухуеймэ, щӀапӀэ къуригъэтынщ, уи сабийр детсадым бгъэкӀуэну ухуеймэ, пхущӀигъэтӀысхьэнщ, е сымаджэ уиӀэу угузавэмэ, къыбдэӀэпыкъунщ— Лъапсэ, 97
Kitapta geçtiği hali
ДЕТСАД (3). Урыс псалъэ: илъэси 3–5 хъу сабийхэр махуэкӀэ здэщыӀэ, щагъасэ унэ, сабий сад. – Мыр детсад къанщи, анэ, адэ жыхуэпӀэхэр хъымпӀар ищӀыркъым, – жиӀэурэ адэшхуэр дыхьэшхырт. Лъапсэ, 66. Къызэхуэмысуи хъурэт – къуажэм щӀэуэ къыдэхъуэр Темыркъант зи акъыл къихьыр – школ япэ дыдэ къыщызэӀуахам къызэӀузыхар Темыркъант ККОВ жыпӀэми, детсад, клуб, хьэмэм жыпӀэми – псоми яужь итыр арат. Щынэхужьыкъуэ, 20. Зыбжанэ дэкӀрэ депутату хахмэ, «маяк» хъумэ, хуэпщӀар къыпхуищӀэжынщ: щӀапӀэ ухуеймэ, щӀапӀэ къуригъэтынщ, уи сабийр детсадым бгъэкӀуэну ухуеймэ, пхущӀигъэтӀысхьэнщ, е сымаджэ уиӀэу угузавэмэ, къыбдэӀэпыкъунщ. Лъапсэ, 97–98.