дахэу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
теплъэфӀ иӀэу, фӀыуэ.
рукрасиво
Дахэу зыхуэпэн. Дахэу псэлъэн.
+1 örnek
Махуэ псом лажьэурэ еша пэтми, Зырамыкур зэрылъэкӀкэ егугъурт дахэу тхэным.— Теунэ Хьэчим
Kitapta geçtiği hali
дахэу нареч. красиво / теплъэфӀ иӀэу, фӀыуэ. Дахэу зыхуэпэн. Дахэу псэлъэн. * Махуэ псом лажьэурэ еша пэтми, Зырамыкур зэрылъэкӀкэ егугъурт дахэу тхэным. Т. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЕкӀуу, фӀыуэ, зэрыщытын хуейм хуэдэу.
ЦӀыхубзитӀыр дахэу хуэпати, езы тӀур зэрыдахэм нэхъри нэхъ дахэж ищӀырт, зылъагъур зрагъэхъуапсэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659
+2 örnek
«Инал и къафэр» нэхъ дахэу кърагъэкӀ хъуат, сыкъытелъадэу щхьэ сыкъэмыфэрэ жыуигъэӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 581
Колхоз пхъащӀэм унэ схуащӀу Бгыкъухэр дахэу яухъуэнщӀ. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 117
Kitapta geçtiği hali
ДАХЭУ (40). нареч. ЕкӀуу, фӀыуэ, зэрыщытын хуейм хуэдэу. ЦӀыхубзитӀыр дахэу хуэпати, езы тӀур зэрыдахэм нэхъри нэхъ дахэж ищӀырт, зылъагъур зрагъэхъуапсэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659. «Инал и къафэр» нэхъ дахэу кърагъэкӀ хъуат, сыкъытелъадэу щхьэ сыкъэмыфэрэ жыуигъэӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 581. Колхоз пхъащӀэм унэ схуащӀу Бгыкъухэр дахэу яухъуэнщӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 117.