дахэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(дахэщ)
1. ГуакӀуэу, узыӀэпызышэу, теплъэ гъуэзэджэ зиӀэу, екӀуу щытын.
Къуршыр дахэщ, бгыщхьэм бжей жыг зэрамыщӀэжхэр тезу тетщ.— Нал къута, 299
+1 örnek
Ударникыу къалъытэм и сурэтыр нэхъ дахэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630
2. ФӀыуэ щытын (гъащӀэр, псэукӀэр, Ӏуэхур).
Езы Якъуби и къуэш цӀыкӀуитӀыр ипӀыжыну щыхуежьам и мурадари дахэтэкъэ!— Нал къута, 263
Kitapta geçtiği hali
ДАХЭН (дахэщ) лъэмыӀ. (14). 1. (9). ГуакӀуэу, узыӀэпызышэу, теплъэ гъуэзэджэ зиӀэу, екӀуу щытын. Къуршыр дахэщ, бгыщхьэм бжей жыг зэрамыщӀэжхэр тезу тетщ. Нал къута, 299. Ударникыу къалъытэм и сурэтыр нэхъ дахэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630. 2. (5). ФӀыуэ щытын (гъащӀэр, псэукӀэр, Ӏуэхур). Езы Якъуби и къуэш цӀыкӀуитӀыр ипӀыжыну щыхуежьам и мурадари дахэтэкъэ! Нал къута, 263.