данэпс
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Данэ пӀащӀэ дыдэм къыхэщӀыкӀа ӀэлъэщӀ кӀыхь.
ругазовый шарф
Назыфэ и пщэм къешэкӀа данэпсым и кӀапэхэр пщэдджыжь акъужьым зэрихьэрт.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
данэпс газовый шарф / Данэ пӀащӀэ дыдэм къыхэщӀыкӀа ӀэлъэщӀ кӀыхь. * Назыфэ и пщэм къешэкӀа данэпсым и кӀапэхэр пщэдджыжь акъужьым зэрихьэрт. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Данэ пӀащӀабзэм къыхэщӀыкӀа ӀэлъэщӀ.
Япэ ит машинэм ис цӀыхубз гъэщӀэрэщӀам телъ данэпс хужь иныр жьыбгъэм зэрихьэрт, мис фи нысащӀэр, феплъ, жиӀэ хуэдэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583
Kitapta geçtiği hali
ДАНЭПС (1). Данэ пӀащӀабзэм къыхэщӀыкӀа ӀэлъэщӀ. Япэ ит машинэм ис цӀыхубз гъэщӀэрэщӀам телъ данэпс хужь иныр жьыбгъэм зэрихьэрт, мис фи нысащӀэр, феплъ, жиӀэ хуэдэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583.