дагъыстэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

дагъыстэнхэр

Дагъыстан АССР-м щыпсэу авар, лезгин, къумыкъу, н. лъэпкъхэр, а лъэпкъхэм ящыщ цӀыху.

рудагестанец, дагестанка; дагестанцы

Дагъыстэн хьэщӀэ.

Kitapta geçtiği hali

дагъыстэн дагъыстэнхэр дагестанец, дагестанка; дагестанцы / Дагъыстан АССР-м щыпсэу авар, лезгин, къумыкъу, н. лъэпкъхэр, а лъэпкъхэм ящыщ цӀыху. Дагъыстэн хьэщӀэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Севернэ Кавказ Ищхъэрэм щыщ щӀыналъэ.

Къэбэрдейми, Абазэми, Россейми, Дагъыстэнми – дэни кӀуэ, бэлшэвыч здэщымыӀэ щыӀэкъым, - жиӀэрт Степан Ильич.— Хъуэпсэгъуэ нур, 264

+2 örnek

Уи усэр ящӀэ Дагъыстэным, Уи цӀэр щраӀуэ Индие дыдэм.— Расул Гамзатов. «Щхьэлыкъуэ», 401

ЕгъэджакӀуэм жиӀэр ди фӀэщ мыхъуу хъун? Дуней зылъэгъуам ящыщщ, Кърым, Истамбыл, Баку, Дагъыстэным щылэжьащ, абыхэм я гугъу щищкӀэ удимыхьэхыну Ӏэмал иӀэкъым.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527

2. Дагъыстэн щӀыпӀэм щыпсэу, я бзэм ирипсалъэ, абы я хабзэ зыӀыгъ цӀыху.

Хъыбар зэхэпхмэ, уи щхьэфэцым зрегъэӀэт, Дагъыстэнымрэ осетинхэмрэ фӀэкӀ къэмынэу, Кавказым лъэпкъыу исыр нэгъабэ къылмыкъхэр зэрырагъэкӀам хуэдэу ирагъэкӀыну жаӀэ.— МелыӀыч, 461

+1 örnek

Дагъыстэни, къалмыкъи, мыщкъыши, шэшэни, адыги Уэрдэщыкъуэ деж къэмыкӀуа щыӀэт: хэт къакӀуэми, шыбз гуартэ хакӀуэм щхьэкӀэ къритырт, арщхьэкӀэ Уэрдэщыкъуэ ухэзэгъэну Ӏэмал зимыӀэт.— Нал къута, 266

Kitapta geçtiği hali

ДАГЪЫСТЭН (9). 1. (7). Севернэ Кавказ Ищхъэрэм щыщ щӀыналъэ. Къэбэрдейми, Абазэми, Россейми, Дагъыстэнми – дэни кӀуэ, бэлшэвыч здэщымыӀэ щыӀэкъым, - жиӀэрт Степан Ильич. Хъуэпсэгъуэ нур, 264. Уи усэр ящӀэ Дагъыстэным, Уи цӀэр щраӀуэ Индие дыдэм. Расул Гамзатов. «Щхьэлыкъуэ», 401. ЕгъэджакӀуэм жиӀэр ди фӀэщ мыхъуу хъун? Дуней зылъэгъуам ящыщщ, Кърым, Истамбыл, Баку, Дагъыстэным щылэжьащ, абыхэм я гугъу щищкӀэ удимыхьэхыну Ӏэмал иӀэкъым. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. 2. (2). Дагъыстэн щӀыпӀэм щыпсэу, я бзэм ирипсалъэ, абы я хабзэ зыӀыгъ цӀыху. Хъыбар зэхэпхмэ, уи щхьэфэцым зрегъэӀэт, Дагъыстэнымрэ осетинхэмрэ фӀэкӀ къэмынэу, Кавказым лъэпкъыу исыр нэгъабэ къылмыкъхэр зэрырагъэкӀам хуэдэу ирагъэкӀыну жаӀэ. МелыӀыч, 461. Дагъыстэни, къалмыкъи, мыщкъыши, шэшэни, адыги Уэрдэщыкъуэ деж къэмыкӀуа щыӀэт: хэт къакӀуэми, шыбз гуартэ хакӀуэм щхьэкӀэ къритырт, арщхьэкӀэ Уэрдэщыкъуэ ухэзэгъэну Ӏэмал зимыӀэт. Нал къута, 266.

Düzeltme Öner

дагъыстэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.