гъэщӀэхъун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(егъэщӀэхъу)
Зыгуэрым и лъэӀу хуэмыщӀэн.
руотказать кому-л. в просьбе
{Мысост:} -Къандыгъэ, сэ зыгуэркӀэ сынолъэӀунущи сыбгъэщӀэхъумэ, си жагъуэ хъунщ.— Зы едзыгъуэу зэхэлъ пьесэхэр
Kitapta geçtiği hali
гъэщӀэхъун (егъэщӀэхъу) перех. гл. отказать кому-л. в просьбе / Зыгуэрым и лъэӀу хуэмыщӀэн. * {Мысост:} -Къандыгъэ, сэ зыгуэркӀэ сынолъэӀунущи сыбгъэщӀэхъумэ, си жагъуэ хъунщ. Пьесэхэр.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэщӀэхъу)
Зыгуэрым и лъэӀу хуэмыщӀэн.
Хьэкурынэ имыщӀыф щыӀэкъым: пэрыӀэбэ, дзасэ, шыуан тегъэувапӀэ, джатэ, сэшхуэ, къамэ, шы лъэрыгъ – сыт ухуейми укъигъэщӀэхъунукъым, псом нэхърэ нэхъ зэлӀалӀэр сыт жыпӀэмэ – фоч, фокӀэщӀ къутар ещӀыжыф.— Лъапсэ, 100
+1 örnek
И благъэ е къуэшхэм ящыщ гуэр дэхуэха хъуауэ, дауэ тщӀыну, Къазджэрий, уэр фӀэкӀа ӀуэхутхьэбзэкӀэ сызыщыгугъын хэкум лӀы искъым, сыкъыумыгъэщӀэхъу, жызыӀи яхэтт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭЩӀЭХЪУН (егъэщӀэхъу) лъэӀ. (10). Зыгуэрым и лъэӀу хуэмыщӀэн. Хьэкурынэ имыщӀыф щыӀэкъым: пэрыӀэбэ, дзасэ, шыуан тегъэувапӀэ, джатэ, сэшхуэ, къамэ, шы лъэрыгъ – сыт ухуейми укъигъэщӀэхъунукъым, псом нэхърэ нэхъ зэлӀалӀэр сыт жыпӀэмэ – фоч, фокӀэщӀ къутар ещӀыжыф. Лъапсэ, 100. И благъэ е къуэшхэм ящыщ гуэр дэхуэха хъуауэ, дауэ тщӀыну, Къазджэрий, уэр фӀэкӀа ӀуэхутхьэбзэкӀэ сызыщыгугъын хэкум лӀы искъым, сыкъыумыгъэщӀэхъу, жызыӀи яхэтт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620.