гъэцӀынэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэцӀынэ)
Зыгуэрым псыӀагъэ къыщӀэгъэхьэн, цӀынэ щӀын.
Псом хуэмыдэу Дэфэрэдж и гум къридзэр и анэр арат, абыи ӀэщӀагъэкӀэ хэт къытекӀуэн жыуигъэӀэу сыт ищӀыскӀи ӀэкӀуэлъакӀуэт: щӀэп зэхуихьэсынт, игъэцӀынэнт, итхъыжынти, чэтэн ищӀырт, щэнджащэм езыр дэсыжу, щӀэгъэж, шэцыкуэ сытхэр зэрызэӀэпихыр и хъыджэбз цӀыкӀум иригъэлъагъуу, зэми цеищэ шэнтым щытригъэтӀысхьэ къэхъурт.— Лъапсэ, 111
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭЦӀЫНЭН (егъэцӀынэ) лъэӀ. (1). Зыгуэрым псыӀагъэ къыщӀэгъэхьэн, цӀынэ щӀын. Псом хуэмыдэу Дэфэрэдж и гум къридзэр и анэр арат, абыи ӀэщӀагъэкӀэ хэт къытекӀуэн жыуигъэӀэу сыт ищӀыскӀи ӀэкӀуэлъакӀуэт: щӀэп зэхуихьэсынт, игъэцӀынэнт, итхъыжынти, чэтэн ищӀырт, щэнджащэм езыр дэсыжу, щӀэгъэж, шэцыкуэ сытхэр зэрызэӀэпихыр и хъыджэбз цӀыкӀум иригъэлъагъуу, зэми цеищэ шэнтым щытригъэтӀысхьэ къэхъурт. Лъапсэ, 111.