гъэхуэбэжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэхуэбэж)
Хуабэу щыта, дия, щӀыӀэм иса гуэр къызэщӀэгъэплъэжын, хуабагъэ къыщӀэгъэхьэжын.
ЦӀыхубзыр ягъэтӀысри шыри, шэщ гуэр щыӀэти, абыкӀэ щӀашащ, зыгуэрым къэпышхуэ Дэфэрэдж и плӀэм къытриубгъуащ, нэхъ псынщӀэу игъэхуэбэжынщ жыхуиӀэу.— Лъапсэ, 58
+1 örnek
Думэсарэ мафӀэ ищӀауэ шхынхэр игъэхуэбэжырт, Нани нэмэзлыкъым тесу нэмэзыбзэу ищӀэ тӀэкӀур тӀэу-щэ къытригъазэ-нытригъазэурэ жиӀащ, нэмэз щыгъэ иӀэри игъажэу Ӏущащэу зыкъомри щысащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 123
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭХУЭБЭЖЫН (егъэхуэбэж) лъэӀ. (3). Хуабэу щыта, дия, щӀыӀэм иса гуэр къызэщӀэгъэплъэжын, хуабагъэ къыщӀэгъэхьэжын. ЦӀыхубзыр ягъэтӀысри шыри, шэщ гуэр щыӀэти, абыкӀэ щӀашащ, зыгуэрым къэпышхуэ Дэфэрэдж и плӀэм къытриубгъуащ, нэхъ псынщӀэу игъэхуэбэжынщ жыхуиӀэу. Лъапсэ, 58. Думэсарэ мафӀэ ищӀауэ шхынхэр игъэхуэбэжырт, Нани нэмэзлыкъым тесу нэмэзыбзэу ищӀэ тӀэкӀур тӀэу-щэ къытригъазэ-нытригъазэурэ жиӀащ, нэмэз щыгъэ иӀэри игъажэу Ӏущащэу зыкъомри щысащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 123.