гъэудэӀун
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ТЕГЪЭУН (тырегъэу/трегъэу); гъэудэӀун (егъэудэӀу); AVUTMAK (birini ~)
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(егъэудэӀу)
Зыгуэр мыгъагъын, гъэбэяун.
рууспокоить, унять (плачущего)
Сабийр гъэудэӀун.
+1 örnek
ЛӀы гъур цӀыкӀур къызбгъэдыхьэри си Ӏэбжьыбым изу ахъшэ жьгъей кърикӀутащ, абыкӀэ сигъэудэӀун игугъэу.— КъардэнгъущӀ Зырамыку
Kitapta geçtiği hali
гъэудэӀун (егъэудэӀу) перех. гл. успокоить, унять (плачущего) / Зыгуэр мыгъагъын, гъэбэяун. Сабийр гъэудэӀун. * ЛӀы гъур цӀыкӀур къызбгъэдыхьэри си Ӏэбжьыбым изу ахъшэ жьгъей кърикӀутащ, абыкӀэ сигъэудэӀун игугъэу. Къ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэудыӀу)
Зыгуэр мыгъагъын, гъэбэяун.
Дзэхэр докӀхэр, фызхэр магъыр, Сабий гъыхэр ягъэудэӀу.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 161
+2 örnek
Астемыри и гур тӀэкӀу къызэфӀэнат, ауэ модрей гъыхэр игъэудэӀуну и ужь итт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 193
– ПэгунитӀ мыгъуэр схуэӀыгъакъым, – жиӀэу Диси и щхьэм мыгъуагъэ хуехьыжыр, къуаншагъэшхуэ ӀэщӀэщӀыхьа хуэдэ, езыр ягъэудэӀуным и пӀэкӀэ и нысэм и гур дахэ хуищӀыну и ужь итщ.— ГущӀэгъу, 420
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭУДЭӀУН (егъэудыӀу) лъэӀ. (3). Зыгуэр мыгъагъын, гъэбэяун. Дзэхэр докӀхэр, фызхэр магъыр, Сабий гъыхэр ягъэудэӀу. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 161. Астемыри и гур тӀэкӀу къызэфӀэнат, ауэ модрей гъыхэр игъэудэӀуну и ужь итт. Хъуэпсэгъуэ нур, 193. – ПэгунитӀ мыгъуэр схуэӀыгъакъым, – жиӀэу Диси и щхьэм мыгъуагъэ хуехьыжыр, къуаншагъэшхуэ ӀэщӀэщӀыхьа хуэдэ, езыр ягъэудэӀуным и пӀэкӀэ и нысэм и гур дахэ хуищӀыну и ужь итщ. ГущӀэгъу, 420.