гъэувыжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэувыж)
1. Джэла, укӀурия гуэр щыт щӀыжын.
Дунейр къутэжи гъувыж – Зэхуэдэ къуршхэр пхуэмыщӀын.— Къуршхэр. «Вагъуэ махуэ», 317
2. Щыту зыгуэр лъэныкъуэ егъэзыжын.
Гуэлым хэна гур къыхалъэфыж, Ӏэпслъэпсым илъэхъа шыр къыщӀатӀыкӀри ягъэувыж.— Нал къута, 214
+1 örnek
ЩӀалэм къиӀэтщ и бжьэри игъэувыжащ, псалъэм къыпищэну: – Хъуэхъу жыпӀар тхьэм къабыл ищӀ.— КӀапсэ кӀапэ, 15
3. Къулыкъу иӀыгъар егъэгъуэтыжын.
Къэзакъ инэралыжьу Караулов жыхуаӀэм дзэ зэригъэпэщыну жаӀэ, щӀыр зыгуэшыну зи мурад «советхэр» зэбгрихуну, пащтыхьыр игъэувыжыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 157
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭУВЫЖЫН (егъэувыж) лъэӀ. (4). 1. (1). Джэла, укӀурия гуэр щыт щӀыжын. Дунейр къутэжи гъувыж – Зэхуэдэ къуршхэр пхуэмыщӀын. Къуршхэр. «Вагъуэ махуэ», 317. 2. (2). Щыту зыгуэр лъэныкъуэ егъэзыжын. Гуэлым хэна гур къыхалъэфыж, Ӏэпслъэпсым илъэхъа шыр къыщӀатӀыкӀри ягъэувыж. Нал къута, 214. ЩӀалэм къиӀэтщ и бжьэри игъэувыжащ, псалъэм къыпищэну: – Хъуэхъу жыпӀар тхьэм къабыл ищӀ. КӀапсэ кӀапэ, 15. 3. (1). Къулыкъу иӀыгъар егъэгъуэтыжын. Къэзакъ инэралыжьу Караулов жыхуаӀэм дзэ зэригъэпэщыну жаӀэ, щӀыр зыгуэшыну зи мурад «советхэр» зэбгрихуну, пащтыхьыр игъэувыжыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 157.