гъэтӀысыжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэтӀысыж)
1. Здэщысам деж зыгуэр аргуэру гъэтӀысын, щыс щытыкӀэм игъэувэжын.
Ӏэбэри кӀэпхъыр къипхъуэтауэ шынэурэ зи псэр хьэршым нэса кӀэпхъымкӀэ напэӀэлъэщӀ палъэу и жьафэр илъэщӀри игъэтӀысыжащ здэщысам деж.— Кхъухь пхэнж, 501
+1 örnek
– Алыхьым хьэтыр иӀэм, – жиӀэщ Ӏузизи, хуэмышэчыжу къыщыджалэм, хьэжыр къэӀэбэри къигъэтӀысыжащ, Чачи упщӀэжьыр къыщытрилъэфым, унэм щӀэз хъуащ Ӏугъуэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 72
2. Зэ лъэхъуэщым исар е щхьэусыгъуэ гуэркӀэ ирамыдзэу къэнар, етӀуанэу абы игъэтӀысхьэн.
Иджы, гъэщӀэгъуэнкъэ, абы щыгъуэ Инал абрэджым къаригъэгъэна Ахья езы Инал игъэтӀысыжауэ къыщӀэкӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭТӀЫСЫЖЫН (егъэтӀысыж) лъэӀ. (3). 1. (2). Здэщысам деж зыгуэр аргуэру гъэтӀысын, щыс щытыкӀэм игъэувэжын. Ӏэбэри кӀэпхъыр къипхъуэтауэ шынэурэ зи псэр хьэршым нэса кӀэпхъымкӀэ напэӀэлъэщӀ палъэу и жьафэр илъэщӀри игъэтӀысыжащ здэщысам деж. Кхъухь пхэнж, 501. – Алыхьым хьэтыр иӀэм, – жиӀэщ Ӏузизи, хуэмышэчыжу къыщыджалэм, хьэжыр къэӀэбэри къигъэтӀысыжащ, Чачи упщӀэжьыр къыщытрилъэфым, унэм щӀэз хъуащ Ӏугъуэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 72. 2. (1). Зэ лъэхъуэщым исар е щхьэусыгъуэ гуэркӀэ ирамыдзэу къэнар, етӀуанэу абы игъэтӀысхьэн. Иджы, гъэщӀэгъуэнкъэ, абы щыгъуэ Инал абрэджым къаригъэгъэна Ахья езы Инал игъэтӀысыжауэ къыщӀэкӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 621.