гъэсэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

eğitmek
Ortakгъэсэн
DoğuпӀын
BatıпӀун
eğitmekbesleyip eğitmek; yetiştirmek
Ortakгъэсэн
DoğuпӀын
BatıпӀун
evcilleştirmek
Ortakгъэсэн
DoğuгъэнэӀуэсэн
BatıгъэнэӀосэн
yetiştirmekeğitmek
Ortakгъэсэнегъэджэн
DoğuпӀын
BatıпӀун
Kitapta geçtiği hali

пӀын/пӀун, ГЪЭСЭН; EĞİTMEK, YETİŞTİRMEK, TERBİYE ETMEK

пӀун/пӀын, ГЪЭСЭН; EĞİTMEK, BÜYÜTMEK (besleyip ~; yetiştirmek)

ГЪЭСЭН (ЕГЪАСЭ); гъэнэӀосэн/ гъэнэӀуэсэн (ЕГЪЭНЭӀУАСЭ); EVCİLLEŞTİRMEK

ГЪЭСЭН (ЕГЪАСЭ); пӀун/пӀын (ЕПӀ(у); ЕГЪЭДЖЭН (регъаджэ/ирегъаджэ); YETİŞTİRMEK (eğitmek)

Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(егъасэ)

1. Зыгуэрым хьэл-щэн гуэрхэр зыхегъэлъхьэн.

рувоспитывать кого-л.

ЦӀыкӀухэр гъэсэн.

2. Зыгуэр ӀэщӀагъэ гуэрым хуегъэджэн, ӀэщӀагъэ гуэр етын.

руобучать кого-л. (ремеслу, военному делу и т. п.)

Дзэр гъэсэн. ЩӀалэр пхъащӀэу гъэсэн. Хъыджэбзыр дэрбзэру гъэсэн.

+1 örnek

ЛӀыжьым и къуэр, езым хуэдэу, гъукӀэ Ӏэзэу игъэсэну мурад ищӀат.— ӀуэрыӀуатэ

3. Зыгуэр Ӏэсэ, жыӀэщӀэ щӀын (хьэкӀэкхъуэкӀэм нэхъ хужаӀэ).

рудрессировать (диких животных)

Хьэр гъэсэн. Мыщэр гъэсэн.

4. Шы, вы емылыджыр щӀэпщӀэ е утес хъууэ Ӏэсэ щӀын.

руобъездить (коня, вола)

Нэбгъэфыр гъэсэн. ВыщӀэр гъэсэн.

Ӏуэху, ӀэщӀагъэ гуэрым ӀэкӀуэлъакӀуэ хуащӀ, кӀэлъагъэплъ, хурагъаджэ (ныбжьыщӀэ).

руученик; подмастерье

ГъукӀэ гъэсэн. Дэрбзэр гъэсэн.

Kitapta geçtiği hali

гъэсэн I (егъасэ) перех. гл. 1. воспитывать кого-л. / Зыгуэрым хьэл-щэн гуэрхэр зыхегъэлъхьэн. ЦӀыкӀухэр гъэсэн. 2. обучать кого-л. (ремеслу, военному делу и т. п.) / Зыгуэр ӀэщӀагъэ гуэрым хуегъэджэн, ӀэщӀагъэ гуэр етын. Дзэр гъэсэн. ЩӀалэр пхъащӀэу гъэсэн. Хъыджэбзыр дэрбзэру гъэсэн. * ЛӀыжьым и къуэр, езым хуэдэу, гъукӀэ Ӏэзэу игъэсэну мурад ищӀат. фольк. 3. дрессировать (диких животных) / Зыгуэр Ӏэсэ, жыӀэщӀэ щӀын (хьэкӀэкхъуэкӀэм нэхъ хужаӀэ). Хьэр гъэсэн. Мыщэр гъэсэн. 4. объездить (коня, вола) / Шы, вы емылыджыр щӀэпщӀэ е утес хъууэ Ӏэсэ щӀын. Нэбгъэфыр гъэсэн. ВыщӀэр гъэсэн. II ученик; подмастерье / Ӏуэху, ӀэщӀагъэ гуэрым ӀэкӀуэлъакӀуэ хуащӀ, кӀэлъагъэплъ, хурагъаджэ (ныбжьыщӀэ). ГъукӀэ гъэсэн. Дэрбзэр гъэсэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(егъасэ)

лъэӀ. (30).

1. Зыгуэрым хьэл-щэн гуэрхэр зыхегъэлъхьэн.

АдэкӀэ уӀэгъэр ягъэхъужщ, къыпкърыупщӀыхьщ, школ гуэрми ягъакӀуэри мазищкӀэ ирагъэджащ, ягъэсащ [гъэр хъуар].— Щынэхужьыкъуэ, 71

+1 örnek

Пыжьынэ и къуэм и гъэсэным гугъу демыхь щхьэкӀэ, езым жиӀэм псори тригъэтынущи, и лӀым деж къыщыщӀэдзауэ унафэ зытримыщӀыхь щыӀэкъым.— Лъапсэ, 67

2. Зыгуэр ӀэщӀагъэ гуэрым хуегъэджэн, ӀэщӀагъэ гуэр етын.

– Ӏэзэм игъэсар къытекӀуэжмэ, мис аращ Ӏэзэ хъужыр, – жиӀэу Хьэкурынэ и мылъхукъуэм ищӀар кӀыщым къакӀуэм яригъэлъагъуу мэгуфӀэ.— Лъапсэ, 102

+1 örnek

Езы сэлэтхэри, мес, ягъасэ, шкӀэ хъупӀэм деж щызэхуашэсауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 301

3. Зыгуэр Ӏэсэ, жыӀэщӀэ щӀын (хьэкӀэкхъуэкӀэхэм нэхъ хужаӀэ).

Сэ сыпхуоусэ Бахъсэным – Уэ дэ дгъэсауэ уэ иным, Уи ткӀуэпс къарухэр солъытэ, Усэ сурэту сохутэ.— Кавказым и уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 98

4. Шы, вы емылыджыр щӀэпщӀэ е утес хъууэ Ӏэсэ щӀын.

Е шы Ӏэлыр къиубыдыфу Хэт шым шэсу игъэса?— ГъащӀэм и къежьапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 63

Kitapta geçtiği hali

ГЪЭСЭН (егъасэ) лъэӀ. (30). 1. (6). Зыгуэрым хьэл-щэн гуэрхэр зыхегъэлъхьэн. АдэкӀэ уӀэгъэр ягъэхъужщ, къыпкърыупщӀыхьщ, школ гуэрми ягъакӀуэри мазищкӀэ ирагъэджащ, ягъэсащ [гъэр хъуар]. Щынэхужьыкъуэ, 71. Пыжьынэ и къуэм и гъэсэным гугъу демыхь щхьэкӀэ, езым жиӀэм псори тригъэтынущи, и лӀым деж къыщыщӀэдзауэ унафэ зытримыщӀыхь щыӀэкъым. Лъапсэ, 67. 2. (18). Зыгуэр ӀэщӀагъэ гуэрым хуегъэджэн, ӀэщӀагъэ гуэр етын. – Ӏэзэм игъэсар къытекӀуэжмэ, мис аращ Ӏэзэ хъужыр, – жиӀэу Хьэкурынэ и мылъхукъуэм ищӀар кӀыщым къакӀуэм яригъэлъагъуу мэгуфӀэ. Лъапсэ, 102. Езы сэлэтхэри, мес, ягъасэ, шкӀэ хъупӀэм деж щызэхуашэсауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 301. 3. (1). Зыгуэр Ӏэсэ, жыӀэщӀэ щӀын (хьэкӀэкхъуэкӀэхэм нэхъ хужаӀэ). Сэ сыпхуоусэ Бахъсэным – Уэ дэ дгъэсауэ уэ иным, Уи ткӀуэпс къарухэр солъытэ, Усэ сурэту сохутэ. Кавказым и уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 98. 4. (5). Шы, вы емылыджыр щӀэпщӀэ е утес хъууэ Ӏэсэ щӀын. Е шы Ӏэлыр къиубыдыфу Хэт шым шэсу игъэса? ГъащӀэм и къежьапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 63.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

alıştırma eğitmek ehlileştirmek terakki terbiye

Düzeltme Öner

гъэсэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.