гъэкъэбзэжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэкъэбзэж)
Зыгуэр къабзэ щӀыжын.
Я анэр хадэм итти, жэри щыжраӀэм, Дахэуэс къакӀуэри и гуащэ гурыму щылъ ятӀэзащӀэр согъэкъэбзэжи сыти жимыӀэу дурэшым дэлъ уэншэкужьым трилъхьэжащ, ипхъу цӀыкӀуитӀыр здигъэӀэпыкъуурэ.— ГущӀэгъу, 420
+1 örnek
Пэжу, япэм щӀопщакӀуэм шейтӀани, жини, алмэстыи – Ӏэджэ пыщӀауэ щытащ, иджы а къомыр пыгъэлъэлъыжауэ щӀопщакӀуэр цӀыхум нэхъ сэбэп зэрыхуэхъунум хуэдэу гъэкъэбзэжамэ, дохутырым я арсеналым хэбгъэувэмэ, ягъэ кӀынукъым, псом хуэмыдэу операцэ ящӀа сымаджэ ущеӀэзэм деж къэбгъэсэбэпу.— Лъапсэ, 29
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭКЪЭБЗЭЖЫН (егъэкъэбзэж) лъэӀ. (3). Зыгуэр къабзэ щӀыжын. Я анэр хадэм итти, жэри щыжраӀэм, Дахэуэс къакӀуэри и гуащэ гурыму щылъ ятӀэзащӀэр согъэкъэбзэжи сыти жимыӀэу дурэшым дэлъ уэншэкужьым трилъхьэжащ, ипхъу цӀыкӀуитӀыр здигъэӀэпыкъуурэ. ГущӀэгъу, 420. Пэжу, япэм щӀопщакӀуэм шейтӀани, жини, алмэстыи – Ӏэджэ пыщӀауэ щытащ, иджы а къомыр пыгъэлъэлъыжауэ щӀопщакӀуэр цӀыхум нэхъ сэбэп зэрыхуэхъунум хуэдэу гъэкъэбзэжамэ, дохутырым я арсеналым хэбгъэувэмэ, ягъэ кӀынукъым, псом хуэмыдэу операцэ ящӀа сымаджэ ущеӀэзэм деж къэбгъэсэбэпу. Лъапсэ, 29.