гъэгъэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(мэгъагъэ)

1. КъэкӀыгъэхэм я гъэгъахэм зыкъызэӀуахын.

руцвести

МыӀэрысейр гъэгъэн. Ӏущхьэр

Bu maddedeki ifadeler (1)

г

Жьыуэ къэхъея бжьэ закъуэтӀакъуэхэр вууэ жыгыщхьэмкӀэ щхьэпрыкӀыурэ гъэгъэн щӀэзыдза кӀарцхэм кӀуэхэрт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

2. ЕхъулӀэныгъэ иӀэн, ефӀэкӀуэн.

рурасцветать, преуспевать

Гъагъэ, Шэрджэс, Насыпыр уэ уи тенджызщ!— Гъуэгу нэху

Kitapta geçtiği hali

гъэгъэн (мэгъагъэ) неперех. гл. 1. цвести / КъэкӀыгъэхэм я гъэгъахэм зыкъызэӀуахын. МыӀэрысейр гъэгъэн. Ӏущхьэр гъэгъэн. * Жьыуэ къэхъея бжьэ закъуэтӀакъуэхэр вууэ жыгыщхьэмкӀэ щхьэпрыкӀыурэ гъэгъэн щӀэзыдза кӀарцхэм кӀуэхэрт. Къ. Хь. 2. переносное расцветать, преуспевать / ЕхъулӀэныгъэ иӀэн, ефӀэкӀуэн. * Гъагъэ, Шэрджэс, Насыпыр уэ уи тенджызщ! Гъу. нэху.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(мэгъагъэ)

1. КъэкӀыгъэхэм я гъэгъахэм зыкъызэӀуахын.

Удзыр гъэгъащи, мэ къапихыр Уэгум илъ пшэми фӀэнасыпщ.— Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233

+2 örnek

Удз щыгъагъэу, бгъэр щыгъуалъхьэу ЩӀыналъэ дахэ сэ сӀэтащ.— Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи… Батырыбжьэ, 41

Удз гъэгъари ирегъагъэ, Дахэщ жысӀэу къыпызмыч.— Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу. «Вагъуэ махуэ», 315

2. ЕхъулӀэныгъэ иӀэн, ефӀэкӀуэн.

Мэз лъапэ дахэм пэӀэщӀэу Сыщалъхуа къуажэр мэгъагъэр, Лъэныкъуэ псори щӀэращӀэу Еплъыт, гъэщӀагъуэт дахагъэр.— Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42

Kitapta geçtiği hali

ГЪЭГЪЭН (мэгъагъэ) лъэмыӀ. (33). 1. (30). КъэкӀыгъэхэм я гъэгъахэм зыкъызэӀуахын. Удзыр гъэгъащи, мэ къапихыр Уэгум илъ пшэми фӀэнасыпщ. Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233. Удз щыгъагъэу, бгъэр щыгъуалъхьэу ЩӀыналъэ дахэ сэ сӀэтащ. Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи… «Батырыбжьэ», 41. Удз гъэгъари ирегъагъэ, Дахэщ жысӀэу къыпызмыч. Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу. «Вагъуэ махуэ», 315. 2. (3). ЕхъулӀэныгъэ иӀэн, ефӀэкӀуэн. Мэз лъапэ дахэм пэӀэщӀэу Сыщалъхуа къуажэр мэгъагъэр, Лъэныкъуэ псори щӀэращӀэу Еплъыт, гъэщӀагъуэт дахагъэр. Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42.

Düzeltme Öner

гъэгъэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.