гъэбэлэрыгъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Бэлэрыгъын псалъэм и каузатив.
рукаузатив к бэлэрыгъын
Къэрэщэуей иныжьыр игъэбэлэрыгъри хьилагъэкӀэ тридзащ, и хьэджэсэр кърихри и щхьэр пиупщӀащ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
гъэбэлэрыгъын каузатив к бэлэрыгъын / Бэлэрыгъын псалъэм и каузатив. * Къэрэщэуей иныжьыр игъэбэлэрыгъри хьилагъэкӀэ тридзащ, и хьэджэсэр кърихри и щхьэр пиупщӀащ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэбэлэрыгъ)
Зыгуэр гъэжэкъуэн, Ӏуэху гуэр Ӏэпэдэгъэлэл иригъэщӀын. –532.
Зауэм мыкӀуэн щхьэкӀэ зигъэкӀуэдащ, жиӀэнти Аралпым дунейр къызэхижыхьынт, арщхьэкӀэ псори зыгъэбэлэрыгъар езы старшынэр арагъэнт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 158
+1 örnek
Алий махуэ къэс щӀалэ сымаджэм деж кӀуэрт, зыгуэр ихь къудей мыхъуу, дохутырхэр игъэбэлэрыгъыртэкъым.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭБЭЛЭРЫГЪЫН (егъэбэлэрыгъ) лъэӀ. (2). Зыгуэр гъэжэкъуэн, Ӏуэху гуэр Ӏэпэдэгъэлэл иригъэщӀын. Зауэм мыкӀуэн щхьэкӀэ зигъэкӀуэдащ, жиӀэнти Аралпым дунейр къызэхижыхьынт, арщхьэкӀэ псори зыгъэбэлэрыгъар езы старшынэр арагъэнт. Хъуэпсэгъуэ нур, 158. Алий махуэ къэс щӀалэ сымаджэм деж кӀуэрт, зыгуэр ихь къудей мыхъуу, дохутырхэр игъэбэлэрыгъыртэкъым. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531–532.