гъэблэгъэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(егъэблагъэ)
Благъэу, Ӏыхьлыуэ зыгуэр лъытэн; благъэ хущытыкӀэ хуиӀэн.
руподдерживать с кем-л. родственные отношения; питать к кому-л. родственные чувства
Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъари фызырщ.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
И къуэр езыгъэджа урыс лӀыжьыр, и ӀыхьлыфӀым хуэдэу, Хьэжмурат игъэблагъэрт, гуфӀэгъуэ и унэм къихъуэхуи хиныртэкъым.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
гъэблэгъэн (егъэблагъэ) перех. гл. поддерживать с кем-л. родственные отношения; питать к кому-л. родственные чувства / Благъэу, Ӏыхьлыуэ зыгуэр лъытэн; благъэ хущытыкӀэ хуиӀэн. * Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъари фызырщ. (погов.) И къуэр езыгъэджа урыс лӀыжьыр, и ӀыхьлыфӀым хуэдэу, Хьэжмурат игъэблагъэрт, гуфӀэгъуэ и унэм къихъуэхуи хиныртэкъым. Ӏуащхь.