гъуэтэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
бгъотэн/гъуэтэн (мэбгъуатэ/ мэгъуатэ); KÜFLENMEK
гъуэтэн/бгъотэн; KÜFLENMEK
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэгъуатэ)
Нэм къимыщтэ Ӏэгъэбэгу цӀыкӀу дыдэхэр ерыскъым, къэкӀыгъэм, хьэпшыпым трищӀэн, зэкӀуэкӀын, гъуэтагъэ трищӀэн.
рузаплесневеть, покрыться плесенью
Зы пщӀэгъуалэжь.. мэкъу гъуэта Ӏэгуэм хопэщэщыхьри щытщ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
+1 örnek
Шыудз гъуэта зытелъ набжэм Бот трагъэукӀуриери, бейгуэлхэр къыщӀокӀыж.— Шортэн Аскэрбий
Kitapta geçtiği hali
гъуэтэн (мэгъуатэ) неперех. гл. заплесневеть, покрыться плесенью / Нэм къимыщтэ Ӏэгъэбэгу цӀыкӀу дыдэхэр ерыскъым, къэкӀыгъэм, хьэпшыпым трищӀэн, зэкӀуэкӀын, гъуэтагъэ трищӀэн. * Зы пщӀэгъуалэжь.. мэкъу гъуэта Ӏэгуэм хопэщэщыхьри щытщ. Къ. Хь. Шыудз гъуэта зытелъ набжэм Бот трагъэукӀуриери, бейгуэлхэр къыщӀокӀыж. Ш. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэгъуатэ)
Нэм къимыщтэ Ӏэгъэбэгу цӀыкӀу дыдэхэр ерыскъым, къэкӀыгъэм, хьэпшыпым трищӀэн, зэкӀуэкӀын.
Гъуэмылэ сытхэри пхъуантэм дэлъу гъуэтэжауэ къахьырт, сымаджэм кхъуэл зи цӀэ Ӏуамыгъэхуэн я мураду.— Хъуэпсэгъуэ нур, 172
+2 örnek
Чыржынри Мэзкуу нэсыху, кхъужьым хуэдэкъабзэу пшхы хъунутэкъым – гъуатэрт, гъурти – мывэ хъурейм ещхьу хъурти хэт ухуейми еуэ— Щынэхужьыкъуэ, 20
Псалъэмакъыр абдеж щыдуха щхьэкӀэ, бэзэр махуэр къызэрыблагъэу, Илас аргуэру къытрегъэзэж: – Кащкон, хьэжыгъэр гъуэтэнурэ кӀуэдынущ, абы нэхърэ дызэгурыгъаӀуи, дыгъащэ.— МелыӀыч, 469
Kitapta geçtiği hali
ГЪУЭТЭН (мэгъуатэ) лъэмыӀ. (5). Нэм къимыщтэ Ӏэгъэбэгу цӀыкӀу дыдэхэр ерыскъым, къэкӀыгъэм, хьэпшыпым трищӀэн, зэкӀуэкӀын. Гъуэмылэ сытхэри пхъуантэм дэлъу гъуэтэжауэ къахьырт, сымаджэм кхъуэл зи цӀэ Ӏуамыгъэхуэн я мураду. Хъуэпсэгъуэ нур, 172. Чыржынри Мэзкуу нэсыху, кхъужьым хуэдэкъабзэу пшхы хъунутэкъым – гъуатэрт, гъурти – мывэ хъурейм ещхьу хъурти хэт ухуейми еуэ. Щынэхужьыкъуэ, 20. Псалъэмакъыр абдеж щыдуха щхьэкӀэ, бэзэр махуэр къызэрыблагъэу, Илас аргуэру къытрегъэзэж: – Кащкон, хьэжыгъэр гъуэтэнурэ кӀуэдынущ, абы нэхърэ дызэгурыгъаӀуи, дыгъащэ. МелыӀыч, 469.