гъуэгушхуэ

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Гъуэгу ин, цӀыху зекӀуапӀэ.

Сызыхуэмызэн сыхуэмызащэрэт, жиӀэри Локотош гъуэгушхуэм текӀри гъуэгу цӀыкӀу гуэркӀэ губгъуэм илъэдащ.— Нал къута, 247

Deyimler (3)

гъуэгушхуэ теувэн

Зи акъылым ар итӀасэр Теувэнущ нэхъ гъуэгушхуэ.— ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41

Еплъ: гъуэгу теувэн

гъуэгушхуэ тетын

ЩоджэнцӀыкӀу Алий хиша лъагъуэращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ дызытетыр, фӀы къыдэхъулӀэми, ди гум щыхэщӀа къэхъуами, ди япэ ищам дыкӀэлъопӀащӀэ, нэхъ тегушхуауи докӀуэ, сыту жыпӀэмэ гъуэгур къуейщӀейми, гъуэгур мытыншми, щыхупӀэ иӀэми, дощӀэ, пэрытым игъэунэхуащи.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518

Еплъ: гъуэгу тетын

гъуэгушхуэ техьэн

Гъуэгушхуэ техьэм садэкӀуатэм, И ужь сыздежьэм сыкъинакъым.— МахуитӀ зэхуэдэу къыумыгъащӀэ. «Вагъуэ махуэ», 351

Еплъ: гъуэгу техьэн

Kitapta geçtiği hali

ГЪУЭГУШХУЭ (1). Гъуэгу ин, цӀыху зекӀуапӀэ. Сызыхуэмызэн сыхуэмызащэрэт, жиӀэри Локотош гъуэгушхуэм текӀри гъуэгу цӀыкӀу гуэркӀэ губгъуэм илъэдащ. Нал къута, 247. ◊ Гъуэгушхуэ теувэн (1). Еплъ гъуэгу теувэн. Зи акъылым ар итӀасэр Теувэнущ нэхъ гъуэгушхуэ. ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41. Гъуэгушхуэ тетын (1). Еплъ гъуэгу тетын. ЩоджэнцӀыкӀу Алий хиша лъагъуэращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ дызытетыр, фӀы къыдэхъулӀэми, ди гум щыхэщӀа къэхъуами, ди япэ ищам дыкӀэлъопӀащӀэ, нэхъ тегушхуауи докӀуэ, сыту жыпӀэмэ гъуэгур къуейщӀейми, гъуэгур мытыншми, щыхупӀэ иӀэми, дощӀэ, пэрытым игъэунэхуащи. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518. Гъуэгушхуэ техьэн (1). Еплъ гъуэгу техьэн. Гъуэгушхуэ техьэм садэкӀуатэм, И ужь сыздежьэм сыкъинакъым. МахуитӀ зэхуэдэу къыумыгъащӀэ. «Вагъуэ махуэ», 351.

Düzeltme Öner

гъуэгушхуэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.