гъущапӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ЩӀыпӀэ гъущэ, мыпсыӀэ.
русухое место
Къербэч Барэсбий къеӀэтри бжыхь джабэ гъущапӀэм деж щегъэтӀыс.— Ӏуащхьэмахуэ
2. Ӏэщ зыщӀагъэхьэ, зыгуэр щахъумэ псэуалъэхэр къызэщӀиубыдэу къагъэсэбэп псалъэ (п. п. гуэщ, хьэщпакъ, бэкхъ, чэт).
рупросторечие укрытие, навес
Пхъэгъэсыныр зэпахри гъущапӀэм щӀалъхьэжащ.
+1 örnek
Уэлбанэщ, щӀыӀэщ, Ӏэщым гъущапӀэ яӀэкъым зэтекӀуэдэнкӀэ шынагъуэщ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Kitapta geçtiği hali
гъущапӀэ 1. сухое место / ЩӀыпӀэ гъущэ, мыпсыӀэ. * Къербэч Барэсбий къеӀэтри бжыхь джабэ гъущапӀэм деж щегъэтӀыс. Ӏуащхь. 2. просторечие укрытие, навес / Ӏэщ зыщӀагъэхьэ, зыгуэр щахъумэ псэуалъэхэр къызэщӀиубыдэу къагъэсэбэп псалъэ (п. п. гуэщ, хьэщпакъ, бэкхъ, чэт). Пхъэгъэсыныр зэпахри гъущапӀэм щӀалъхьэжащ. * Уэлбанэщ, щӀыӀэщ, Ӏэщым гъущапӀэ яӀэкъым зэтекӀуэдэнкӀэ шынагъуэщ. Къ. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЩӀыпӀэ гъущэ, мыпсыӀэ.
– Къепсых, ди шыпхъу, мы гъущапӀэмкӀэ къыщӀыхьэ.— Лъапсэ, 58
+1 örnek
Уафэгъуагъуэ уэшхышхуэ къыщешхым къуажэр умылъагъуу кӀыфӀ хъуат, уэшх Ӏэуэлъауэм фӀэкӀа зыри зэхыумыхыу, джэд, къаз, хьэ сытхэр гъущапӀэ гуэрым щӀэпщхьауэ щӀэст, жьыбгъэр жыг хадэм илъэдауэ мыӀэрысэ цӀынэр къыпигъэлъэлъырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 50
Kitapta geçtiği hali
ГЪУЩАПӀЭ (2). ЩӀыпӀэ гъущэ, мыпсыӀэ. – Къепсых, ди шыпхъу, мы гъущапӀэмкӀэ къыщӀыхьэ. Лъапсэ, 58. Уафэгъуагъуэ уэшхышхуэ къыщешхым къуажэр умылъагъуу кӀыфӀ хъуат, уэшх Ӏэуэлъауэм фӀэкӀа зыри зэхыумыхыу, джэд, къаз, хьэ сытхэр гъущапӀэ гуэрым щӀэпщхьауэ щӀэст, жьыбгъэр жыг хадэм илъэдауэ мыӀэрысэ цӀынэр къыпигъэлъэлъырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 50.