гъусэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ГЪУСЭН (МЭГЪУСЭ); ИГЪУСЭН (егъусэ/йогъусэ); ПЭРЫСЫН (ПЭРЫС(щ), пэрэсы/пэрос); ПЭСЫН (ПЭС(щ), пэсы/пос); (Абз. ГЬУЗЭРЭ); REFAKAT ETMEK
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(гъусэщ)
Зыгуэрым щӀыгъун.
Ар Мэремкъан Иналу дзэзешэм и гъусэщи, иджыпсту къакӀуэ хъуркъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 312
+2 örnek
ЛӀыжь зэхэтхэр зэплъыжащ, мыр дауэ, дэ къэтлъхуа, дэ тпӀа лӀыр къытхыхьэжмэ, дэр дыдэм дзыхь къытхуимыщӀыжу, и щхьэр зыхъумэн и гъусэн хуей?— Лъапсэ, 75
Красноармеецхэм я гъусэт сабий зыщӀэс фызхэр.— Нал къута, 219
([и] гъусэщ)
Зыгуэрым щӀыгъуу щытын.
Дыгъэр мазэм игъусамэ, ЩӀылъэм дежкӀэ нэхъ гунэст.— Дыгъэр мазэм игъусамэ… Вагъуэ махуэ, 369
+2 örnek
Фэ сывигъусэм, сиӀэщ гъащӀэ, Фи нэгу сыщӀэплъэм, сиӀэщ дамэ, Фэ фызмылъагъумэ, сыфхуопӀащӀэ Сэлам фэсхыну, фэзмыхамэ.— Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17
Уэ узигъусэт сэ нэхъапэм, СауӀэм, узыр уэ бгъэмащӀэт, Сыжеймэ, щӀакӀуэм уэ и кӀапэм Утесу слъагъуу сэ къысфӀэщӀт.— Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 61
Kitapta geçtiği hali
[И] ГЪУСЭН (гъусэщ) лъэмыӀ. (25). Зыгуэрым щӀыгъун. Ар Мэремкъан Иналу дзэзешэм и гъусэщи, иджыпсту къакӀуэ хъуркъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 312. ЛӀыжь зэхэтхэр зэплъыжащ, мыр дауэ, дэ къэтлъхуа, дэ тпӀа лӀыр къытхыхьэжмэ, дэр дыдэм дзыхь къытхуимыщӀыжу, и щхьэр зыхъумэн и гъусэн хуей? Лъапсэ, 75. Красноармеецхэм я гъусэт сабий зыщӀэс фызхэр. Нал къута, 219.
[И]ГЪУСЭН ([и] гъусэщ) лъэмыӀ. (10). Зыгуэрым щӀыгъуу щытын. Дыгъэр мазэм игъусамэ, ЩӀылъэм дежкӀэ нэхъ гунэст. Дыгъэр мазэм игъусамэ… «Вагъуэ махуэ», 369. Фэ сывигъусэм, сиӀэщ гъащӀэ, Фи нэгу сыщӀэплъэм, сиӀэщ дамэ, Фэ фызмылъагъумэ, сыфхуопӀащӀэ Сэлам фэсхыну, фэзмыхамэ. Тхылъым еджэм. «Мывэ хуабэ», 17. Уэ узигъусэт сэ нэхъапэм, СауӀэм, узыр уэ бгъэмащӀэт, Сыжеймэ, щӀакӀуэм уэ и кӀапэм Утесу слъагъуу сэ къысфӀэщӀт. Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 61.