гъум
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭРМЫХЬ, лъэщыджэ, онтэгъу/ уэндэгъу, ГЪУМ(ы), (Абз. ЛЪЭРМЫХЬ); HAMİLE
ГЪУМ(ы); KALIN (çubuk vb için),
ГЪУМ(ы), лъэщыджэ → ЛЪЭРМЫХЬ; HAMİLE, GEBE
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: лъэрмыхь
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ИхъуреягъкӀэ ин, пӀащэ.
рутолстый в поперечном сечении
2. Пшэр, зи ныбэр къежьа.
рутолстый, полный
Жанхъуэтхэ Къетыкъуэ и къуэ Беслъэн гъэщӀэгъуэныщэу гъуму икӀи пшэру щытащ.— Нэгумэ Шорэ
3. Еплъ: лъэщыджэ
Kitapta geçtiği hali
гъум 1. толстый в поперечном сечении / ИхъуреягъкӀэ ин, пӀащэ. 2. толстый, полный / Пшэр, зи ныбэр къежьа. * Жанхъуэтхэ Къетыкъуэ и къуэ Беслъэн гъэщӀэгъуэныщэу гъуму икӀи пшэру щытащ. Н. Ш. 3. переносное к.-з. см. лъэщыджэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ИхъуреягъкӀэ ин, пӀащэ.
Псы архъуанэм щоджэрэзыр Бжей пхъэ гъумхэр зэрызехьэу, Япэ ищыр нывэм хуэзэм КъигъэувыӀэу къыжьэхедзэ.— Терек. «Партыр ди пашэу», 119
+2 örnek
[Аслъэныкъуэ:] Жыгей гъумыр мышкъышыр къыздэӀэпыкъуурэ си дамэм щытеслъхьэм, си псэм зыхищӀащ зэрысхуэмыхьынур, арщхьэкӀэ цӀыхубзми Ӏэ лъэныкъуэкӀэ къыздигъэпсынщӀэ хуэдэу къыщызбгъэдэувэм, си нитӀыр къыщихуами, сыкъежьащ, сигъэшхэну зэрыжиӀар си гурыфӀыгъуэти.— МелыӀыч, 439
Гъуэгужьыр занщӀэм, пкъори занщӀэщ, Пкъо тӀощӀыр зыуэ зэм къыпфӀощӀыр, Я къэгъэшыпӀэм щӀэгъэкъуэн ЯмыӀэм, гъумми, пкъохэр йощӀыр.— ЩӀэгъэкъуэн. «Дамыгъэ», 71
2. Пшэр, зи ныбэр къежьа.
Фыз гъумым Ӏэ лъэныкъуэмкӀэ Аркашкэ къиубыдщ, адреймкӀэ Таша щӀалэ цӀыкӀур зришалӀэри зэуэ ӀэплӀэ яхуищӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 552
+2 örnek
КъэфакӀуэ ансамблым хэта щӀалэхэм хуада щыгъыныр абы хуэхъунутэкъым, ауэ зы накъырапщэ, лӀы гъум гуэр яхэтти, абы и цейуэ къыщӀэкӀынт Яков Борисович щыгъыр.— Нал къута, 281
Румын гуэр диӀэт пхъащӀэу, пхъащӀэ Ӏуэхум щыгъуазэ дищӀыну шэнт щхьэгуэ сыт дигъэщӀырт, езым буфет дахэ ищӀурэ ищэрт, и фыз гъум лъахъшэр ди пщафӀэт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526
Kitapta geçtiği hali
ГЪУМ (7). плъыф. 1. (3). ИхъуреягъкӀэ ин, пӀащэ. Псы архъуанэм щоджэрэзыр Бжей пхъэ гъумхэр зэрызехьэу, Япэ ищыр нывэм хуэзэм КъигъэувыӀэу къыжьэхедзэ. Терек. «Партыр ди пашэу», 119. [Аслъэныкъуэ:] Жыгей гъумыр мышкъышыр къыздэӀэпыкъуурэ си дамэм щытеслъхьэм, си псэм зыхищӀащ зэрысхуэмыхьынур, арщхьэкӀэ цӀыхубзми Ӏэ лъэныкъуэкӀэ къыздигъэпсынщӀэ хуэдэу къыщызбгъэдэувэм, си нитӀыр къыщихуами, сыкъежьащ, сигъэшхэну зэрыжиӀар си гурыфӀыгъуэти. МелыӀыч, 439. Гъуэгужьыр занщӀэм, пкъори занщӀэщ, Пкъо тӀощӀыр зыуэ зэм къыпфӀощӀыр, Я къэгъэшыпӀэм щӀэгъэкъуэн ЯмыӀэм, гъумми, пкъохэр йощӀыр. ЩӀэгъэкъуэн. «Дамыгъэ», 71. 2. (4). Пшэр, зи ныбэр къежьа. Фыз гъумым Ӏэ лъэныкъуэмкӀэ Аркашкэ къиубыдщ, адреймкӀэ Таша щӀалэ цӀыкӀур зришалӀэри зэуэ ӀэплӀэ яхуищӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 552. КъэфакӀуэ ансамблым хэта щӀалэхэм хуада щыгъыныр абы хуэхъунутэкъым, ауэ зы накъырапщэ, лӀы гъум гуэр яхэтти, абы и цейуэ къыщӀэкӀынт Яков Борисович щыгъыр. Нал къута, 281. Румын гуэр диӀэт пхъащӀэу, пхъащӀэ Ӏуэхум щыгъуазэ дищӀыну шэнт щхьэгуэ сыт дигъэщӀырт, езым буфет дахэ ищӀурэ ищэрт, и фыз гъум лъахъшэр ди пщафӀэт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 526.