гъужын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэгъуж)
1. Псыр щӀэкӀыу гъуэлэжын, гъур хъужын.
рузасохнуть; зачахнуть (о растениях)
Псы щӀамыкӀэурэ, нащэ къуэпсхэр гъужащ. Жыгыр гъужащ.
2. ИгъущыкӀын (п. п. псыр).
рувысохнуть (напр. о реке)
Курп псыр гъэмахуэм мэгъуж.
3. Шэ къыщӀэмыкӀыж хъун.
руперестать доиться
Жэмыр гъужащ.
Kitapta geçtiği hali
гъужын (мэгъуж) неперех. гл. 1. засохнуть; зачахнуть (о растениях) / Псыр щӀэкӀыу гъуэлэжын, гъур хъужын. Псы щӀамыкӀэурэ, нащэ къуэпсхэр гъужащ. Жыгыр гъужащ. 2. высохнуть (напр. о реке) / ИгъущыкӀын (п. п. псыр). Курп псыр гъэмахуэм мэгъуж. 3. перестать доиться / Шэ къыщӀэмыкӀыж хъун. Жэмыр гъужащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэгъуж)
1. Псыр щӀэкӀыу гъуэлэжын, гъур хъужын.
Жыгыжь гъужауэ сэ си макъыр Жьы къемыпщауэ пхуэмыпсалъэ.— Псы узэфэнур къыщӀэжакъым… Батырыбжьэ, 62
+2 örnek
Иджы гъужауэ удз тхьэмпэр Жьыбгъэм, борэным зэщӀакъуэ.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216
Гъатхэм мыпабгъэр гъужащи, Нэгъабэ уэсу текӀащ.— Гъуэгъуакъэ уафэр… Вагъуэ махуэ, 18
2. ИгъущыкӀын (п.п. псыр).
Е гъужрэ зи псыр мащӀэ тӀэкӀур – толъкъун нэхъ уэрым и лъэгущӀэтщ— ЗэкӀэщӀэуэ. «Щхьэлыкъуэ», 397
+2 örnek
Псыежэхми мыл Ӏув телъти, псыр гъужа къыпфӀэщӀырт, арщхьэкӀэ мыл щӀагъым «шкӀур, шкӀур» жиӀэу псы къабзэ дыдэ цӀыкӀу щӀэту ежэхырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 301
Иджы бжьыхьэ хъуащи, псы къежэхыр мащӀэ хъужащ, уеблэмэ псыӀэрышэ гъужа яхэтщ жыпӀэнщ, псыбэкъу цӀыкӀуу дихар гъущэ хъуащи.— Нал къута, 300
Kitapta geçtiği hali
ГЪУЖЫН (мэгъуж) лъэмыӀ. (16). 1. (9). Псыр щӀэкӀыу гъуэлэжын, гъур хъужын. Жыгыжь гъужауэ сэ си макъыр Жьы къемыпщауэ пхуэмыпсалъэ. Псы узэфэнур къыщӀэжакъым… «Батырыбжьэ», 62. Иджы гъужауэ удз тхьэмпэр Жьыбгъэм, борэным зэщӀакъуэ. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216. Гъатхэм мыпабгъэр гъужащи, Нэгъабэ уэсу текӀащ. Гъуэгъуакъэ уафэр… «Вагъуэ махуэ», 18. 2. (7). ИгъущыкӀын (п.п. псыр). Е гъужрэ зи псыр мащӀэ тӀэкӀур – толъкъун нэхъ уэрым и лъэгущӀэтщ. ЗэкӀэщӀэуэ. «Щхьэлыкъуэ», 397. Псыежэхми мыл Ӏув телъти, псыр гъужа къыпфӀэщӀырт, арщхьэкӀэ мыл щӀагъым «шкӀур, шкӀур» жиӀэу псы къабзэ дыдэ цӀыкӀу щӀэту ежэхырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 301. Иджы бжьыхьэ хъуащи, псы къежэхыр мащӀэ хъужащ, уеблэмэ псыӀэрышэ гъужа яхэтщ жыпӀэнщ, псыбэкъу цӀыкӀуу дихар гъущэ хъуащи. Нал къута, 300.