гъуамэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ӏей, гущыкӀыгъуэ.
ругадкий, противный, отвратительный (о человеке)
Рэмэзан зэрыжиӀэмкӀэ, Сурэ Пщыгъуэт гулъытэ Ӏыхьэлей хуищӀыртэкъым, ар дэнэ къэна, а гъуамэр апхуэдизрэ къызэрыкӀуэр фӀэфӀэкъым.— КӀэрашэ Тембот
+1 örnek
Гъуамэ цӀыкӀу нэхърэ гъуамэшхуэ.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
гъуамэ гадкий, противный, отвратительный (о человеке) / Ӏей, гущыкӀыгъуэ. * Рэмэзан зэрыжиӀэмкӀэ, Сурэ Пщыгъуэт гулъытэ Ӏыхьэлей хуищӀыртэкъым, ар дэнэ къэна, а гъуамэр апхуэдизрэ къызэрыкӀуэр фӀэфӀэкъым. КӀ. Т. Гъуамэ цӀыкӀу нэхърэ гъуамэшхуэ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ЦӀыху Ӏей, гущыкӀыгъуэ.
«ИрегуфӀэ лейр згъэгъуамэ, Уэ узотыр сэ а гъуамэр». ФокӀэщӀ фӀыцӀэр зэпиплъыхьу Къанокъуэпщыр щогуфӀыкӀыр.— Тисей, 508
+1 örnek
Лу сымэ Жыраслъэнхэ я пщӀантӀэм щызэрызехьэу гуащэм къилъэгъуамэ, гъумэтӀымэрт, плъагъурэ а гъуамэхэр, урыс гъуэншэдж ящыгъыу къажыхьыр, адыгэ щыгъын зэрапэсыжыркъым, жиӀэрт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629
2. Ӏей, мыщӀагъуэ.
Зы критик гъуамэ сэ соцӀыхур – Узэрыхуэзэнум ухуэмей, Зытепсэлъыхьым къыщымынэу, И Ӏэр зэӀэбри мэхъур фӀей.— Зы критик гъуамэ сэ соцӀыхур. «Дамыгъэ», 219
Kitapta geçtiği hali
ГЪУАМЭ (11). 1. (9). ЦӀыху Ӏей, гущыкӀыгъуэ. «ИрегуфӀэ лейр згъэгъуамэ, Уэ узотыр сэ а гъуамэр». ФокӀэщӀ фӀыцӀэр зэпиплъыхьу Къанокъуэпщыр щогуфӀыкӀыр. «Тисей», 508. Лу сымэ Жыраслъэнхэ я пщӀантӀэм щызэрызехьэу гуащэм къилъэгъуамэ, гъумэтӀымэрт, плъагъурэ а гъуамэхэр, урыс гъуэншэдж ящыгъыу къажыхьыр, адыгэ щыгъын зэрапэсыжыркъым, жиӀэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629. 2. (2). плъыф. Ӏей, мыщӀагъуэ. Зы критик гъуамэ сэ соцӀыхур – Узэрыхуэзэнум ухуэмей, Зытепсэлъыхьым къыщымынэу, И Ӏэр зэӀэбри мэхъур фӀей. Зы критик гъуамэ сэ соцӀыхур. «Дамыгъэ», 219.