гуӀэгъуэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
гуӀагъу/гуӀэгъуэ, шъыгъо/щыгъуэ, нэшхъэягъу/нэщхъеигъуэ; MATEM
гуӀэгъуэ → гуӀагъу; MATEM
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: гуӀагъу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Гузэвэгъуэшхуэ, нэщхъеягъуэ ин.
русостояние скорби, печали
Гъыбзэм щӀэт макъамэм зыщиузэщӀыпэр цӀыхубз пщылӀхэм я гуӀэгъуэр абы къыщыхэщхьэрыуэжырщ.— Шортэн Аскэрбий
Зыгуэр щагъэщӀагъуэкӀэ е зыгуэрым къыщигъащтэкӀэ цӀыхубзхэм жаӀэ хабзэ псалъэщ.
ручастица ой (выражает удивление, испуг - употребляется в речи женщин)
Сыт, на-а, гуӀэгъуэ, а жыпӀэр!— ЩоджэнцӀыкӀу Алий
+1 örnek
А гуӀэгъуэ, уи закъуэ мы жэщыбгым дауэ укъэкӀуэфа?— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
гуӀэгъуэ I состояние скорби, печали / Гузэвэгъуэшхуэ, нэщхъеягъуэ ин. * Гъыбзэм щӀэт макъамэм зыщиузэщӀыпэр цӀыхубз пщылӀхэм я гуӀэгъуэр абы къыщыхэщхьэрыуэжырщ. Ш. А. II частица ой (выражает удивление, испуг - употребляется в речи женщин) / Зыгуэр щагъэщӀагъуэкӀэ е зыгуэрым къыщигъащтэкӀэ цӀыхубзхэм жаӀэ хабзэ псалъэщ. * Сыт, на-а, гуӀэгъуэ, а жыпӀэр! Щ. А. А гуӀэгъуэ, уи закъуэ мы жэщыбгым дауэ укъэкӀуэфа? Фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Гузэвэгъуэ, нэщхъеягъуэ.
Си гуӀэгъуэшхуэщ а махуэр, Схуэмышэчыххэу а къамэр Къыхэслъэфыжмэ, псэлъэныр Ахьэмэд и гъащӀэм деухыр».— Адэ, 141
Deyimler (3)
гуӀэгъуэ къылъысын
Гузэвэгъуэшхуэ, нэщхъеягъуэ ин хэтын.
Хъыджэбзым гуӀэгъуэр А махуэм къылъос.— ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 348
гуӀэгъуэ къыхуэкӀуэн
Гузэвэгъуэшхуэ илъагъун, къылъысын.
[Думэсарэ:]. ГуӀэгъуэжь мыгъуэр къытхуэкӀуащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 75
гуӀэгъуэм хэтын
Гугъуехь ин, гузэвэгъуэшхуэ с.ху. телъын.
Ар бгым и нэпсу къыщыщӀэжкӀэ, Мыух гуӀэгъуэм, дауи, хэтщ.— Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377
Kitapta geçtiği hali
ГУӀЭГЪУЭ (1). Гузэвэгъуэ, нэщхъеягъуэ. Си гуӀэгъуэшхуэщ а махуэр, Схуэмышэчыххэу а къамэр Къыхэслъэфыжмэ, псэлъэныр Ахьэмэд и гъащӀэм деухыр». «Адэ», 141. ◊ ГуӀэгъуэ къылъысын (1). Гузэвэгъуэшхуэ, нэщхъеягъуэ ин хэтын. Хъыджэбзым гуӀэгъуэр А махуэм къылъос. ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 348. ГуӀэгъуэ къыхуэкӀуэн (1). Гузэвэгъуэшхуэ илъагъун, къылъысын. [Думэсарэ:]. ГуӀэгъуэжь мыгъуэр къытхуэкӀуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 75. ГуӀэгъуэм хэтын (1). Гугъуехь ин, гузэвэгъуэшхуэ с.ху. телъын. Ар бгым и нэпсу къыщыщӀэжкӀэ, Мыух гуӀэгъуэм, дауи, хэтщ. Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377.