гуэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Чы-бжэгъум къыхэщӀыкӀауэ зи кӀуэцӀыр ятӀэкӀэ къиикӀа е пхъэбгъу зэӀулӀа гъавалъэ.

рузакром, амбар

Гуэным имылъмэ, Ӏэнэми телъкъым.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Гуэн нэщӀ нэхърэ хадэ нэщӀ.— Псалъэжьхэр

2. Щхьэл мывэм къыщӀэкӀ хьэжыгъэр зэрыщащэ ашык.

руящик, куда сыплется мука из-под жернова мельницы

Мурат щхьэлым щӀохьэри къеплъыхь, гуэным йоплъэ.— Шортэн Аскэрбий

Kitapta geçtiği hali

гуэн 1. закром, амбар / Чы-бжэгъум къыхэщӀыкӀауэ зи кӀуэцӀыр ятӀэкӀэ къиикӀа е пхъэбгъу зэӀулӀа гъавалъэ. * Гуэным имылъмэ, Ӏэнэми телъкъым. (погов.) Гуэн нэщӀ нэхърэ хадэ нэщӀ. (погов.) 2. ящик, куда сыплется мука из-под жернова мельницы / Щхьэл мывэм къыщӀэкӀ хьэжыгъэр зэрыщащэ ашык. * Мурат щхьэлым щӀохьэри къеплъыхь, гуэным йоплъэ. Ш. А.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Пхъэм е гъущӀым къыхэщӀыкӀау гъавалъэ.

Шаукэт щӀыфӀ иӀэт, зищӀ къызэмэщӀэкӀ гуэри къакӀуэри къелъэӀуащ «бэджэнду къызэт, къытетхыр ди зэхуэдитӀу», жиӀэри, ари лӀыжьым идакъым, гъавэ зрикъун и гуэным илъу къыщӀэкӀынти.— Аргъуей, 385

+2 örnek

Мэшыр хъурэ гъавэр Ӏуахыжа нэужь, хьэсэпэхъумэм фӀыщӀэшхуэ хуэзымыщӀ къуажэм дэскъым, арауи къыщӀэкӀынщ Дэрдэхь и гуэныр нэщӀ хъуауэ гъэ щӀытемыхьэр.— Хьэсэпэхъумэ, 418

Къэралым естын гъавэ сиӀэкъым, къысхуэнам си бынунэр шхын щхьэкӀэ мылӀэу гъэм тригъэхьэн къудейщ, жызыӀэу къуажэм дэсым лӀищ къыхабжыкӀри ягъэтӀысащ, я дум илъмэ, кърахрэ я гуэнри къыщатӀэщӀым фызхэр, сабийхэр зэщӀэгъуагэурэ хьэблэр къызэхуашэсащ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524

2. Уэс гъэтӀылъыпӀэ.

Пшэ адрыщӀым лъагъуэр докӀыр, Къурш зэхуакур я уэс гуэнщ.— Цада къуажэ. «Вагъуэ махуэ», 335

Kitapta geçtiği hali

ГУЭН (6). 1. (5). Пхъэм е гъущӀым къыхэщӀыкӀау гъавалъэ. Шаукэт щӀыфӀ иӀэт, зищӀ къызэмэщӀэкӀ гуэри къакӀуэри къелъэӀуащ «бэджэнду къызэт, къытетхыр ди зэхуэдитӀу», жиӀэри, ари лӀыжьым идакъым, гъавэ зрикъун и гуэным илъу къыщӀэкӀынти. Аргъуей, 385. Мэшыр хъурэ гъавэр Ӏуахыжа нэужь, хьэсэпэхъумэм фӀыщӀэшхуэ хуэзымыщӀ къуажэм дэскъым, арауи къыщӀэкӀынщ Дэрдэхь и гуэныр нэщӀ хъуауэ гъэ щӀытемыхьэр. Хьэсэпэхъумэ, 418. Къэралым естын гъавэ сиӀэкъым, къысхуэнам си бынунэр шхын щхьэкӀэ мылӀэу гъэм тригъэхьэн къудейщ, жызыӀэу къуажэм дэсым лӀищ къыхабжыкӀри ягъэтӀысащ, я дум илъмэ, кърахрэ я гуэнри къыщатӀэщӀым фызхэр, сабийхэр зэщӀэгъуагэурэ хьэблэр къызэхуашэсащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 524. 2. (1). Уэс гъэтӀылъыпӀэ. Пшэ адрыщӀым лъагъуэр докӀыр, Къурш зэхуакур я уэс гуэнщ. Цада къуажэ. «Вагъуэ махуэ», 335.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

ambar ardiye

Düzeltme Öner

гуэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.