гуэбэнэч
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
УпщӀэм къыхэщӀыкӀа щыгъын щӀыӀутелъ, и щӀыӀум, щӀакӀуэм ещхьу, цы кӀыр тету, Ӏэгъуапэ пытрэ, цейм ещхьу дауэ.
руверхняя одежда пастуха из войлока (у горцев)
Уи гуэбэнэчыр егъэлъагъу закъуэ, ар къыбдэмыкӀуэмэ, си Ӏуэхущ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
+1 örnek
Уи мэлыхъуэгъухэр гуэбэнэч фӀыцӀэщ, мэл фӀыцӀэ слъагъумэ, пшынэ сахуоуэ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
гуэбэнэч верхняя одежда пастуха из войлока (у горцев) / УпщӀэм къыхэщӀыкӀа щыгъын щӀыӀутелъ, и щӀыӀум, щӀакӀуэм ещхьу, цы кӀыр тету, Ӏэгъуапэ пытрэ, цейм ещхьу дауэ. * Уи гуэбэнэчыр егъэлъагъу закъуэ, ар къыбдэмыкӀуэмэ, си Ӏуэхущ. Къэб. п. и ант. Уи мэлыхъуэгъухэр гуэбэнэч фӀыцӀэщ, мэл фӀыцӀэ слъагъумэ, пшынэ сахуоуэ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ӏэщыхъуэхэм ящыгъыу щыта щыгъын щӀыӀутелъ, цейм ещхьу.
Хъуныр зэуа пыӀэжьхэри зыщхьэракъуэ, упщӀэ бгырыпхри зыщӀапхэ, гуэбэнэч зыщыгъи яхэтщ – уеплъмэ, пыпхъуэщ жыпӀэну, фейцей дыдэу захуапэри мэшэс— Лъапсэ, 115
+2 örnek
Гущхьэдэсхэм гуэбэнэч ящыгът, бащлъыкъ хужьи ядэлът.— Хъуэпсэгъуэ нур, 321
Гуэбэнэчыр щыгъыу плъагъум, Ещхьщ бгъэ шыру мылъэтэфым. «— Тисей, 501
Kitapta geçtiği hali
ГУЭБЭНЭЧ (3). Ӏэщыхъуэхэм ящыгъыу щыта щыгъын щӀыӀутелъ, цейм ещхьу. Хъуныр зэуа пыӀэжьхэри зыщхьэракъуэ, упщӀэ бгырыпхри зыщӀапхэ, гуэбэнэч зыщыгъи яхэтщ – уеплъмэ, пыпхъуэщ жыпӀэну, фейцей дыдэу захуапэри мэшэс. Лъапсэ, 115. Гущхьэдэсхэм гуэбэнэч ящыгът, бащлъыкъ хужьи ядэлът. Хъуэпсэгъуэ нур, 321. Гуэбэнэчыр щыгъыу плъагъум, Ещхьщ бгъэ шыру мылъэтэфым. «Тисей», 501.