гухэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зи гум темыхуэӀа, гумахэ.
русентиментальный (о человеке)
А уэрэдым нартыгъэ гуэр хэлъэщыкӀырт.. гухэ хъуахэр къигъэбэтэфырт.— Шортэн Аскэрбий
+1 örnek
Гуауэ фӀэкӀа гуапэ зымылъагъур гухи зэгуэприли мэхъу.— Теунэ Хьэчим
Kitapta geçtiği hali
гухэ сентиментальный (о человеке) / Зи гум темыхуэӀа, гумахэ. * А уэрэдым нартыгъэ гуэр хэлъэщыкӀырт.. гухэ хъуахэр къигъэбэтэфырт. Ш. А. Гуауэ фӀэкӀа гуапэ зымылъагъур гухи зэгуэприли мэхъу. Т. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зи гум темыхуэӀа, гугъуехь, гузэвэгъуэ сыт хуэдэхэр зыхуэмыхь, зыхуэмышэчыф.
Нурхьэлий Ерул и макъыр зэрызэхихыу, и псэр хэкӀри гухэ къэхъуауэ жыг джабэм кӀэрытт, ӀейкӀи фӀыкӀи псалъэ хужымыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 234
+2 örnek
ДищӀакъым гухэ дэ гугъуехьым, Дыщымыгугъыуи тпэщылъ фӀыгъуэм Щытчакъым лъапэ ди гъуэгу кӀыхьым, Ди пщӀантӀэм шууэ щепсыхауэ ТекӀуэныгъэшхуэм дрогуфӀэр – Ар хьэщӀэу икӀи дымыцӀыхуу, Дэ дыпэмыплъэу къытхуэкӀуакъым— ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5
Гъунапкъэм къикӀыр е икӀыжыр Къелъагъур, псынщӀэу ещӀыр гухэ— Жэщ нэрыплъэ. «Вагъуэ махуэ», 49
Kitapta geçtiği hali
ГУХЭ (4). плъыф. Зи гум темыхуэӀа, гугъуехь, гузэвэгъуэ сыт хуэдэхэр зыхуэмыхь, зыхуэмышэчыф. Нурхьэлий Ерул и макъыр зэрызэхихыу, и псэр хэкӀри гухэ къэхъуауэ жыг джабэм кӀэрытт, ӀейкӀи фӀыкӀи псалъэ хужымыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 234. ДищӀакъым гухэ дэ гугъуехьым, Дыщымыгугъыуи тпэщылъ фӀыгъуэм Щытчакъым лъапэ ди гъуэгу кӀыхьым, Ди пщӀантӀэм шууэ щепсыхауэ ТекӀуэныгъэшхуэм дрогуфӀэр – Ар хьэщӀэу икӀи дымыцӀыхуу, Дэ дыпэмыплъэу къытхуэкӀуакъым. ТекӀуэныгъэ. «Шум и гъуэгу», 5. Гъунапкъэм къикӀыр е икӀыжыр Къелъагъур, псынщӀэу ещӀыр гухэ. Жэщ нэрыплъэ. «Вагъуэ махуэ», 49.